|
|
Жылагъуэ
28 марта, 2023 - 09:06
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ республикэм ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым.
28 марта, 2023 - 08:04
Налшык къалэм гъатхэпэм и 25-м щекIуэкIащ макъамэмрэ къафэмкIэ IX лъэпкъхэм зэдай зэпеуэ, «Налшык насыпым и дамыгъэщ» зыфIащар. Зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ ди щIыналъэм и цIэр дуней псом фIыкIэ щагъэIун, лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр яхъумэн, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я зэдэлэжьэкIэм зрагъэужьын папщIэ.
28 марта, 2023 - 07:56
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Гъатхэпэм и 28-м ди республикэм егъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Ар тхыдэм и пэжымрэ захуагъэмрэ зэтегъэувэжыным и дамыгъэу жыпIэ хъунущ. Балъкъэр лъэпкъыр щхьэ-хуимыту я щIыналъэм зэрырахуам къыдэкIуа гугъуехь псори къызэринэкIри, и хэкум къигъэзэжауэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэу мэпсэу, и лъэпкъ щэнхабзэр, псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэр ихъумэу.
28 марта, 2023 - 07:19
Iимам Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым студентхэм щахутепсэлъыхьащ терроризмэм пэщIэтын зэрыхуейм. Зэхуэсыр КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщат, «КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щыпэщIэтын» къэрал щIыналъэ программэм хыхьэу.
27 марта, 2023 - 13:05
Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ – Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу.
27 марта, 2023 - 08:32
Франджым и ЛIыхъужь, къэбэрдеипхъу Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан къызэралъхурэ мазаем и 2-м илъэси 125-рэ ирикъуащ. Абы ирихьэлIэу фи пащхьэ идолъхьэ кинорежиссер цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимир Франджым къикIыжа нэужь итхыжа гукъэкIыжхэм ящыщ зы пычыгъуэ.
«…Елмэсхъан и кхъэлэгъунэм деж сыздэщытым сигу къокIыж зыгуэрым и псалъэ Iущхэр: «ГъащIэм къуита фIыгъуэ псом ящыщу нэхъ лъапIэр уи цIэр фIыкIэ дунейм къытебнэнырщ, насыпыншэщ ар зыхузэфIэмыкIыр». Мрамор мывэ пхъэбгъум, франджыбзэм щIыгъуу, урысыбзэкIэ тетхащ: «Хьэгъундокъуэ Константин ипхъу Гали – 6.02.1898 - 21.01.1985 гъ.гъ.».
27 марта, 2023 - 08:26
ЩӀэблэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу, щӀэныгъэфӀ яӀэу къэхъуным зи гуащIэ езыхьэлIэм ар къэзылъхуами къызыхэкIа лъэпкъми Iуэхутхьэбзэшхуэ яхуещIэ.
27 марта, 2023 - 07:58
Лъэпкъыр, Хэкур бгъэлъэпIэным и мыхьэнэр нэсу къыщыбгурыIуэр абы пэIэщIэ ухуэхъумэщ е лей гуэр къыщыптехьэрщ. Ар ебгъэщхь хъуну къыщIэкIынщ псым хуэтщI пщIэм. Мы дунейм нэхъ лъапIэ дыдэу, арыншэу дымыпсэуфыну щытми, цIыхур мащIэрэщ зэрегупсысыр псым иIэ мыхьэнэм, ар пэрыхьэту диIэн хуей гуэру къэтлъытэу.
27 марта, 2023 - 07:56
Зи лэжьыгъэм пщIэ хуэзыщIыж цIыхум псэ къулей иIэщ, и гукъыдэжыр мыкIуэщIщ. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну бзылъхугъэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэщ и лэжьыгъэм хуиIэри, щытхъу куэд къилэжьащ, и зэхэщIыкIри гъунапкъэншэщ. Ар Тэрч куейм хыхьэ Дей къуажэм къыщалъхуа, егъэджакIуэ Iэзэ Токъу Сарэщ. Ар зэрыцIыкIурэ зыщIэхъуэпсу щыта IэщIагъэр зригъэгъуэтри, илъэс 43-кIэ и къару псор лэжьыгъэм етауэ къэгъуэгурыкIуащ.
27 марта, 2023 - 07:44
Iэпкълъэпкъым апхуэдизкIэ лъынтхуэ куэд хэлъщи, ахэр псори зэпыпщIэрэ къыупщатэмэ, и кIыхьагъыр километр 96500-рэ ирикъунут.
Страницы
|