Жылагъуэ

Лъэужь дахэ

Пасэм щыгъуэ адыгэхэм джэгуакIуэшхуэхэр яIэт, гуп-гупурэ е я закъуэу къуажэ-къуажэхэр къызэхакIухьурэ я уэдэрхэмкIэ, шыкIэпшынэм кърагъэкI макъамэ дахэхэмкIэ цIыхухэр трагъэурт, я нэгу зрагъэужьырт, лъэпкъым и щIэблэр яущийрт. Апхуэдэхэт Агънокъуэ Лашэ, Абазэ Къамбот, Шэрджэсым щыщ Мыжей Сэхьид, Адыгейм щыпсэуа Хьэ­гъэудж Мыхьэмэт, мыдэкIэ Къэбэрдейм къэдгъазэмэ, ШэрыIужь Мыхьмуд, ХьэхъупащIэ Iэсхьэд, абы и къуэ Амырхъан нэгъуэщIхэри. Абыхэм я щхьэ Iуэхукъым зэрахуар, атIэ къызыхэкIа я лъэпкъым и тхыдэр ящымыгъупщэнырщ, цIыхухэр зэра­гъэIущынырщ.

Псыпэр зэрыжэм…

Адыгэ уэрэдус, джэгуакIуэ, усакIуэ ХьэхъупащIэ Амыр­хъан къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэси 140-рэ ирокъу. Псэужамэ, илъэс 95-рэ хъунут Амырхъан и къуэ Хьэсэни - и адэм и Iуэ­хум къыпызыща, зезыгъэубгъуа шыкIэпшынауэ Iэзэр, адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэр. А адыгэлI щэджащэхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм и фIыпIэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр цIыхубэм я деж екIуу нэхьэса зэрыхъуам, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэу щыта макъамэ Iэмэпсымэ хьэлэмэтыр - шыкIэпшынэр - зэрымыкIуэдыжам.

Бгъэ лышхым и нэщэнэхэр

Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэм дэтым и дохутырхэм жэпуэгъуэ къэс бзылъхугъэхэм ягу къагъэкIыж я узыншагъэм кIэлъыплъын, псом хуэмыдэу бгъэр кIэщI-кIэщIурэ къэпщытэн зэрыхуейр.

Бзылъхугъэхэм къеуалIэ лышх лIэужьыгъуэхэм я нэхъыбэр зыхуэзэр бгъэрщ. А узыфэ шынагъуэм и дамыгъэр лентI тхьэмбылыфэщ, хухаха мазэм щхьэкIи «Жэпуэгъуэ тхьэмбылыфэ» жаIэ. Мы мазэм ирихьэлIэу медицинэм и лэжьакIуэхэм дауэдапщэ, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкI, бгъэ лышхым ехьэлIа упщIэхэмрэ ар зэрагъэхъуж Iэмалхэмрэ къыщаIэту.

Iущыцэхэр ди куэдщ

Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын къуажэм къыщалъхуа Тхьэгъэпсэу Iэминат ящыщщ егъэджакIуэ IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэзыхыу абы хуеджахэм, ар лэжьыгъэ зыхуэхъуахэм. 

ЖыгыщIэхэр ягъэтIыс

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, щыхьэрым иджыблагъэ зи хуэдэ щымыIэ, шыкIуртIымщэхум и лIэужьыгъуэу секвойэкIэ зэджэ жыгипщI щагъэтIысащ. 

Гъуазэм и зэфIэкIыр

«Нэхъапэм, Псыжьрэ Тэнрэ я зэхуаку дэлъ щIым и нэхъыбэм зыри щытемысам, шууей хахуэм Тэн и Iуфэ къэтIыс нэгъуейхэм, нэгъуэщI лъэпкъ Iэпхъуэшапхъуэхэм я шы гуартэхэр къахурт, – етх Хъан-Джэрий. – ЩIыпIэ хамэхэр фIыуэ зэрацIыхум, абыхэм тыншу зэрихьэ-къызэрикIыжыфым щхьэкIэ якIэрымылъ кIэралъхьэу, гъуазэхэр жинхэм япыщIауэ къыщалъытэ щыIэт. Ауэ щыхъукIэ, гъуазэхэм щIыпIэгъэлъагъуэу къагъэсэбэпыр дыгъэр, мазэр, вагъуэхэрат. Гупым здаунэтIын хуей лъэныкъуэр шу пашэм кърищIэрт жьыр нэхъыбэрэ къыздепщэмкIэ, нэгъуэщI нэщэнэхэмкIэ».

Нэхъри зеужь

«Россельхознадзор» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ Управленэм и унафэкIэ «Налшык и зоопарк» МУП-м къратащ иIэ псэущхьэхэр нэгузыужьыпIэу щыт и IэнатIэм къыщигъэсэбэпыну хуит зэращIамкIэ пIалъэ зимыIэ дэфтэр (лицензэ).

Узыншагъэм кIэлъыплъын мурадкIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэхъукъащIэ шынагъухэмкIэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и центрым и   мобилизацэ Iуэхум тету щызэхуашэса ди республикэм щыщ дзэм ираджахэм я деж ягъэкIуащ Ингуш Республикэм щыIэ дзэм щыхуагъэхьэзыр центрым.  

Къэбэрдей-Балъкъэрым Зауэ-дохутыр экспертизэ центрым и унафэщI ШонтIыкъу Аслъэн къызэрыхигъэщамкIэ, IэщIагъэлIхэр кърагъэблэгъащ мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм ираджахэм я узыншагъэм и щытыкIэмрэ я псэукIэмрэ кIэлъыплъыну.

Къабзагъэм елъытащ узыншагъэр

Налшык къалэм и полицейхэр хэтащ «Зеленая Россия» урысейпсо экологие  щэбэт щIыхьэхум.  

Iуэхур щекIуэкIащ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм   полицэм и  плъыр-пост къулыкъум и полкым и щIыпIэм, абы жыджэру хэтащ  Управленэм и ППСП-м и батальон щхьэхуэм и лэжьакIуэхэр. 

Полицейхэм зэщIагъэкъэбзащ полкым къегъэщIылIа щIыпIэр, зэхуахьэсащ къыпылъэлъа тхьэмпэхэмрэ къудамэхэмрэ, удз гъэгъа зэрытхэри  зыхуей хуагъэзащ.

И лэжьыгъэм пщIэ хуащIу

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и Управленэм и лэжьакIуэ полицэм и майор Лыкъуэжь Маринэ  къыхуагъэфэщащ Урысейм и журналистхэм я зэгухьэныгъэм  и щIыхь дамыгъэр -  «За заслуги перед профессиональным сообществом»    жыхуиIэр.

Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ  Соловьёв Владимир и унафэкIэ  офицерым дамыгъэр иритыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ