Жылагъуэ

2022 гъэм къэхъуа насыпыншагъэхэр

Иужьрей зэманым цIыхум къахыхьа узыфэ зэрыцIалэмрэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщылыб хьэргъэшыргъэхэмрэ мащIэ нэхъей, щIыуэпсри къыдэгуэуащ 2022 гъэм.
Бжьыхьэ кIуам цIыху 50 щиукIа «Листвяжная» шахтэм аргуэру и лэжьакIуибл къызэрызэIыхьам и хъыбар къэIуащ гъатхэпэм и 22-ми. Лэжьыгъэхэр къызэтрагъэувыIэри, абы щIэта лэжьакIуи 142-р къыдрашеижу шахтэр щыщIащыкIым, къахутащ хьэуар зыгъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр тэмэму зэрымылажьэм абы и зэран цIыху 12 екIауэ. Псори сымаджэщым щIэхуащ, я насыпуи къелащ.

Шынагъуэ щыIэжкъым

Урысей гврадием и Управленэу КъБР-м щыIэм и ОМОН-м и лэжьакIуэхэм зыми зэран хуэмыхъуу къагъэуащ мы щIыпIэм щыпсэум Бахъсэн аузым, Хьэрэкхъуэрэ бгылъэм, къыщигъуэта топышэр.
Ар Хэку зауэшхуэм и зэманым къагъэсэбэпа минэдз топышэм и къутахуэт. Шынагъуэншагъэ Iэмал псори къагъэсэбэпри, Урысей гвардием и IэщIагъэлIхэм ар щIыпIэм деж къыщагъэуащ.

Бзылъхугъэ гуащIафIэ

Лэжьыгъэм цIыхур егъэлъапIэ, жаIэ. Шэч хэмылъу, жэуап­лыныгъэ хэлъу, пщэрылъ къы­ща­щIыр егугъуу зыгъэзащIэу зи IэнатIэр езыхьэкIым сыт хуэдэ зэманми пщIэ иIэнущ. Апхуэдэ щапхъэхэр гъащIэм щыгъу­нэжщ. Абыхэм ящыщщ зи гугъу тщIы­ну бзылъхугъэри - Налшык къалэм полупроводник Iэмэп­сы­мэ­хэр къыщыщIагъэкIыу дэта заводым зэфIэкI лъагэхэр къигъэлъагъуэу илъэс 25-кIэ щыл­э­жьа Щокъул Светланэ.

Ахъмэтыр ягу къагъэкIыж

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Шэджэм, Бахъ­сэн, Аруан щIыналъэхэм я япэ секретару лэжьа Ахъмэт Мусэбий къызэралъху-рэ илъэси 100 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Кэнжэ дэт «Пять колец» спорт IуэхущIапIэм.

Анэшхуэхэр зэпоуэ

Бахъсэн ­районым и къуажэхэм щызэхэтащ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр утыку къихьэным хуэгъэпса пшыхьхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыт Кыщпэк къуажэ клубым щрагъэкIуэкIа «А, ну-ка, бабушки!» зэпеуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм анэшхуэхэм гъэ­щIэгъуэну хузэхалъхьат ахэр зэрызэхьэзэхуэну щIыкIэр.

ЩIэщыгъуэрэ зэгъэкIуауэ

Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу  ­Жэмтхьэлэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм  и лэжьакIуэ пажэ, цIыхугъэкIи куэд щаIуэ къыддекIуэкI Къэгъэзэж Залинэ къопсалъэ, «радиом и журналист Мыз Ахьмэдрэ уэрэ фокIадэм и 20-м фыкъызэрысын», жеIэри. 

КъэкIуэну насыпыфIэр къыхах

Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм, Запорожье, Херсон областхэм я къэкIуэнум теухуауэ референдум ирагъэкIуэкIынур зэрыдаIыгъым ехьэлIа пэкIу КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и пщIантIэм ды­гъуасэ ще­кIуэ­кIащ. Абы хэтащ республикэм и жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэр, егъэдж­а­кIуэхэр, еджапIэ курытхэмрэ нэхъыщ­хьэхэмрэ щеджэхэр, артистхэр, нэ­гъуэщI­хэри. 

Донбассым къыхихыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдищтэнущ

 КIуэкIуэ Казбек Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм, Херсон, Запорожье областхэм щыпсэухэм а щIыналъэхэр Урысей Федерацэм гухьэным теухуауэ референдум ирагъэкIуэкIыну мурад зэращIар зэрадиIыгъыр къигъэнэIуащ. IэIэтым нышэдибэ (фокIадэм и 23-м) сыхьэти 7-м щIидзауэ, фокIадэм и 27 пщIондэ екIуэкIынущ. ЩIыналъэхэм ис цIыхубэм я гукъыдэжыр къызэрагъэлъагъуэ щIыкIэр дунейпсо мардэмрэ ООН-м и уставымрэ тету йокIуэкI.

Уузыншэну гугъукъым

ЦIыхум и узыншагъэр ефIэкIуэн папщIэ зыхуэныкъуэр мащIэщ: шхын узыншэ, псы къабзэ, спорт. Шхын узыншэм къикIыркъым ерыскъы лъапсей, гъуэтыгъуей, щIэщыгъуэ. ЩIэныгъэлIхэмрэ диетологхэмрэ зэрыжаIэмкIэ, IэпэкIэ къыпхуебжэкIынущ узыншагъэм и купщIэр зыхэлъ ерыскъыгъуэхэр.

Гупсысэ куэдым я къежьапIэ лъэхъэнэ

Сыт хуэдиз дахагъэ бжьыхьэм имыIами, сыткIэ мыбеями, мы зэманыр IэпкълъэпкъкIэ, акъылкIэ, псэкIэ, гукIэ сфIэхьэлъэщ. Си гур пыткIукIыу, къарууэ сиIэр щIэткIукIыу щытщ.

 Хъугъэпс лъэщ къызыщIихыу щыта нэхэр пшагъуэм яуфэ, щхьэусыгъуэншэуи кумбыгъэхэр нэпс ткIуэпскIэ нэкIущхьэм хуотыгъэ. Зышхыхьыжыным, псомкIи мыарэзыуэ щытыным хуэпабгъэ сэ сытезыгъэужыфыр, зыкъызэзыгъэщIэжыр мащIэ дыдэщ. А мащIэм ящыщ зыр, уеблэмэ бжьыпэр зыIыгъыр фIылъагъуныгъэрщ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ