|
|
Жылагъуэ
20 сентября, 2022 - 08:01
Кавказ Ищхъэрэм щыIэ адыгэ жылагъуэхэм ящыщу ипщэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIукIуэта дыдэу щысыр ди республикэм и Шэрэдж куейм хиубыдэ Жэмтхьэлэ къуажэрщ. Ар къуршхэм я лъабжьэкIэ щыIэ мэзылъэ Iуащхьэхэм я куэщI дыдэм исщ. АтIэми, апхуэдэ щIыпIэр зи хэщIапIэ жылэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэм пщIэ нэхъ щыхуащI къуажэхэм ящыщщ, дэ къызэрытлъытэмкIэ.
20 сентября, 2022 - 07:55
Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
Ди къуэшыфIхэ, ди шыпхъу дахэхэ!
20 сентября, 2022 - 06:53
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкIэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу. Мы махуэшхуэр епхащ адыгэ лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы къегъэлъагъуэ ар и анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, псэкупсэ къулеягъыр, хабзэр ихъумэну, зыужьыныгъэм адэкIи хуэкIуэну зэрыхущIэкъур. Апхуэдэуи и дамыгъэщ мамырыгъэм, гуапагъэм, захуагъэм, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэкъуэтыныгъэмрэ псэкупсэ къулеягъымрэ.
19 сентября, 2022 - 14:55
ООН-мрэ ВОЗ-мрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэхыхьэм, гу-лъынтхуэ, лышх, тхьэмбыл, фошыгъу узыфэхэм къакIэлъыкIуэу, цIыху нэхъыбэ зэрылIыкIхэм ящыщу къыщалъытащ жьэжьей узыр. «The Lancet» журналым къытрадзауэ щытащ иужьрей илъэс 25-м жьэжьей узыфэ хэтIэсам илIыкIхэм я бжыгъэр проценти I40-кIэ зэрыхэхъуар.
19 сентября, 2022 - 14:54
Къэралым и щIыпIэ куэдым фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлI, зэман кIыхькIэ КъБКъУ-м и ректору лэжьа, республикэр, ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху щэджащэ Лъостэн Владимир Чэлимэт н къуэм и гъащIэр уафэхъуэпскIым ещхьу нэхурэ гукъинэу щытащ.
19 сентября, 2022 - 11:00
Ар къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу шынагъуэт
Зы зэман СССР-м и унафэщIу щыта Хрущёв Никитэ телъыджэ куэд къыжьэдэкIырт. 1959 гъэм Сокольникхэм американ выставкэ къыщызэIуахым абы США-м и президент Никсон Ричард жриIащ мыгувэу дэ Америкэм дылъэщIыхьэу дыщхьэпрыкIыну икIи къигъэгугъащ «Кузькэ и анэр» ирагъэлъагъуну.
КъызэрыщIэкIамкIэ, Ярославль, Тверь областхэм щыпсэухэр КузькэкIэ зэджэр шейтIанырт, ауэ абы и анэм и гугъу зыми зэхихатэкъым. АтIэ хэт хъуну ар?
19 сентября, 2022 - 10:44
Иужьрей илъэсищым зэрымыува щытыкIэ къигъэнауэ къыщIэкIынкъым зэрымыщIэкIэ дунейр зыщIэзыубыда узыфэ зэрыцIалэм. Жьы дэхупIэ къыдитами, зи чэзууэ къеблэжа коронавирусым нэгъуэщIу зыкъегъэлъагъуэ иджы.
Дохутырхэмрэ вирусологхэмрэ зэрыжаIэмкIэ, 2022 гъэм бжьыхьэр къызэрихьэу «къэушыжа» узыфэр къызэрыгуэкI пыхусыхум ещхьу къофыкI цIыхухэм. ИкIи, ди гуапэ зэрыхъунщи, пневмониемрэ бронхитымрэ щыхуэкIуэжыр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Мы лIэужьыгъуэм узэреIэзэнури, пыхусыхум деж зрахьэлIэ хущхъуэхэмкIэщ.
18 сентября, 2022 - 12:41
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм фокIадэм и 14-м зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ цIыхубэ гъащIэмрэ экономикэмрэ щызэфIэхыпхъэ Iуэху блэкIхэм тепсэлъыхьын папщIэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэхэу Говоров Сергейрэ Къуныжь МуIэедрэ, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ я унафэщIхэр.
18 сентября, 2022 - 07:01
Къэрал зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ «Мир» телерадиоIуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур егъэлъапIэ жэпуэгъуэм и 9-м. Апхуэдиз илъэс лъандэрэ каналым и журналистхэр махуэ къэс къытхутопсэлъыхь СНГ-м хыхьэ къэралхэм я гъащIэр зэрекIуэкIым. ХъыбарегъащIэ центрым и нобэрей лэжьэкIэр къэтщIэн мурадкIэ МТРК-м и унафэщI Батыршин Радик зыхуэдгъэзащ.
18 сентября, 2022 - 06:58
Ди республикэм и еджапIэхэм, гъэсапIэхэм мы зэманым щыпащэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси100 зэрырикъур щагъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм. Лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ зэхыхьэ дахэ иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Нарткъалэ дэт курыт школ №6-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Оксанэщ) и нэIэм щIэту лажьэ «Налмэс» сабий гъэсапIэм (унафэщIыр Семэн Iэсиятщ). IуэхущIапIэм и егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, ахэр зыкIэлъыплъ цIыкIухэм нэмыщI, гуфIэгъуэ фестифалым жыджэру хэтащ Аруан щIыналъэм щылажьэ школхэм, сабий садхэм я лIыкIуэхэри.
Страницы
|