|
|
Жылагъуэ
14 июля, 2022 - 06:09
Тэрч районым щыщ унагъуэр зы хъужащ, зэщхьэгъусэхэм я сабийхэр зэдапI.
13 июля, 2022 - 13:44
Эхинококкозыр – ар цIыхум и Iэпкълъэпкъ зэхуэмыдэхэм зыщаубгъукIэрэ маркуэ лIэужьыгъуэхэм къагъэхъу узыфэщ. Абы Iэпкълъэпкъым аллергие кърет, псом хуэмыдэу тхьэмщIыгъумрэ тхьэмбылымрэ и зэран йокI.
13 июля, 2022 - 12:06
Апхуэдизу уелIалIэу, уахуэнэхъуеиншэу си псэм и губгъуэм удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэ къомыр щхьэи щыбгъэкIат, я къуэпси, я лъэдакъи, я жэпкъи, я купкъи зэрызэщIыгъуу къиптхъыжу нэгъуэщIым ахэр тыгъэ щахуэпщIыжынум? Ауэ уэ пщIэххэркъым икIи зыкIи ущыгъуазэкъым псынэпс къабзэм хэбэукIыу хэхъукIа а удз гъэгъахэм гур зыгъэфI, зыгъафIэ мэ гуакIуэ гуэри къазэрыпимыхыжыр –къинащ ахэр си пкъым, къыщынащ си деж игъащIэ псокIэ уи фэеплъу. ПщIэрэ, щIэх дыдэ гъуэлэнущ сакIэлъыIэбэурэ, сакIэлъыпыхьэурэ степхыжу уежьэжа а гъэгъахэм я къапщIий телъыджащэхэр.
13 июля, 2022 - 07:35
Мы тхыгъэр зей Къудей Дилэк ныбжькIэ щIалэщ, къыщалъхуар Тыркуращ. Езым и къежьапIэхэр, и лъэпкъ къуэпсхэр къэзылъыхъуэж пщащэм и гур хегъэщI адыгэбзэр зэримыщIэм. Хэхэсу псэу адыгэхэм я натIэ хъуращи, зыхэс лъэпкъым я бзэр къащтэри, я анэдэлъхубзэр ящогъупщэж. Сыт хуэдэ Iэмал къагъуэтыфыну пIэрэ бзэм и кIапэлъапэхэр къаубыдыжын щхьэкIэ? Сыт цIыхупсэм къыщыщIыр и адэжь щIыналъэм щыпэIэщIэм деж? Апхуэдэ упщIэхэри нэгъуэщIхэри къегъэув Дилэк.
12 июля, 2022 - 11:19
Израилым ис адыгэхэр сыткIи щапхъэщ щыпсэу къэралым щызекIуэ хабзэхэм хуэпэжу зэрыщытымкIэ. Абыхэм Израилыр ефIэкIуэным хуащI хэлъхьэныгъэр мащIэкъым, апхуэдэуи ар бийм щыхъумэнымкIэ яIэ зэфIэкIри цIыкIукъым. Ар къыхагъэщ Израилым и къулыкъущIэхэм. Иджыпсту а къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэми, полицэми, шынагъуэншагъэмкIэ къулыкъущIапIэми щыIэхэм я процент 95-р адыгэ цIыхухъухэращ.
Кавказым къикIыу Палестинэ жыжьэм
12 июля, 2022 - 08:00
Налшык паркым ит чэщанэм и теплъэм сыт щыгъуи цIыхухэр дихьэхыу щытащ. Ар I867 гъэм ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ пщым иригъэщIауэ щытащ, курыт лIэщIыгъуэхэм зэраухуэу щытам хуэдэу.
12 июля, 2022 - 07:33
Налшык Горький Максим и цIэр зезыхьэ и жыг хадэм пэмыжыжьэу иIэ, къалэкум хуэзэ «бэзэр щхъуантIэр» къалэдэсхэми зыплъыхьакIуэхэми фIыуэ яцIыху.
ЕрыскъыхэкI, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщыпщэхуфынущ мыбы, уеблэмэ республикэм щыпсэухэм лъэпкъ щэнхабзэр къызыхэщ хьэпшыпхэри мымащIэу щыбгъуэтынущ. Бэзэрым и дыхьэпIэр ягъэдахэ Мэзкуу къалэм дэт ВДНХ-р уи нэгу къыщIэзыгъэувэ, мывэм къыхэщIыкIа пкъохэр зыщIэт аркэм, скульптурэхэм.
10 июля, 2022 - 14:29
Сыкъыздыщалъхуа Къамылыкъуэ къуажэм зи цIэр фIыкIэ къраIуэ, щапхъэу сыт хуэдэ зэманми къэпхь хъун унагъуэ куэд дэсщ, хабзэ дахэ зэрахьэу, я нэмысми удихьэхыу.
10 июля, 2022 - 13:28
УФ-м и Президентым 2008 гъэм къыдигъэкIа Уна-фэм ипкъ иткIэ, ди къэралым иджы 15-нэу щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. Къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэми и быдапIэ лъэщу щыт унагъуэращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэхэм я нэхъыбапIэр: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри…
10 июля, 2022 - 12:26
«КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэу цIыхухэм япэу зызыхуагъазэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ Куба къуажэм амбулаторэ щаухуэ. Абы текIуэдэну мылъкур - сом мелуан 42-р - къэрал бюджетым къыхэкIащ.
Страницы
|