Жылагъуэ

Зи IэщIагъэм и пIалъэр зыщIэ

Лосэн Хьэмидби КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ технологиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ. И IэщIагъэм епха щIэныгъэ лэжьыгъэу 40-м нэс итхащ, компьютерым, интернет бэджыхъым, зэхэщIыкI IэрыщIым теухуауэ гупсысэ щIэщыгъуэхэр къыщигъэлъагъуэу. ЩIэныгъэ зэфIэкI лъагэ зиIэ щIалэм иригъаджэхэр зэпымыууэ зэпеуэхэм хэтщ, ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэу. И лэжьыгъэм къыпэкIуэуи зыщылажьэ университетым абы мызэ-мытIэу къыхуигъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.

Щхьэ куцIым и зэфIэкIхэр

Махуэ къэс ди нэгум щIокI Iуэхугъуэ зэщхьэщыкIхэр. Щхьэм идубыдэнумрэ тщыгъупщэнумрэ акъылым зэхегъэщхьэхукIыж. Языныкъуэхэм деж блэкI мыхъуну Iуэхугъуэхэр дигу къокIыж, къохъур дызыхуэмыныкъуэ гупсысэ мыфэмыц гуэрхэр ди щхьэм къинэурэ щыкIэрахъуэ е хъыбарыпцI гуэрхэр ткIыщтэн хуейуэ къыщытхуихуи къохъур. ГъэщIэгъуэнщ акъылым и зыщIыкIэр, дигу идубыдэ-идмыубыдэхэм тепщIыхьмэ. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм къахутащ гъэщIэгъуэнхэр. 

Зэманыр псы уэрщи йокIуэсыкI

Зауэмрэ абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэмрэ къызэрымыкIуэу зэрыхьэлъар фIы дыдэу ящIэж ар зи нэкIэ зылъэгъуахэм. Абыхэм ящыщщ зауэм ипэкIэ унагъуэ дахэу Инарыкъуей жылэм дэса Шыдакъхэ Алийрэ КIунэрэ я пхъуищри. Абыхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIам дыщегъэгъуазэ ЗэрамыщIэ Маринэ. 

Лэжьыгъэм пащэ

 «Коммунальнэ ухуэныгъэхэр егъэфIэкIуэн» къэрал Iуэхум хыхьэу  «УхуэныгъэщIэхэр» лъэпкъ проектыр ягъэзащIэу, Бахъсэн къалэм и уэрамиплIым щызэрахъуэкIынущ бжьамийхэр. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну уэрамхэм я кIыхьагъыр зэхэту метр 5539 мэхъу, абы цIыху 2300-рэ щопсэу. 
Мы Iуэху дыдэм ипкъ иткIэ нэгъабэ Дыгулыбгъуей къуажэм щызэрахъуэкIауэ щытащ уэрамищым тес цIыхухэм я деж псы къабзэ зэрекIуалIэ бжьамий километри 4,2-рэ. 

Къэралым щагъэлъапIэ

Урысейм и зауэлI щIыхьым и махуэр – Ленинград къэзыувыхьауэ щыта фашист зэрыпхъуакIуэхэм къалэр совет зауэлIхэм къызэрыIэщIахыжрэ илъэс 82-рэ зэрырикъур щIышылэм и 27-м къэралым щагъэлъапIэ. Ар Хэку зауэшхуэм ехьэлIа гуауэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ. Бийм и зэранкIэ къалэм дэубыда хъуа, мэжэщIалIагъэмрэ щIыIэмрэ иукI ленинграддэсхэр зэралъэкIкIэ я гъащIэм щIэбэнащ. 

ЛIыхъужьхэм ятеухуа тхыгъэхэр

Иджырей ди лIыхъужьхэм траухуащ «Стойкость и мужество ради светлого будущего потомков» тхылъыр. Ар Налшык къалэм къыщыдэкIащ бзылъхугъэхэм я советым и нэIэ щIэту, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр я дэIэпыкъуэгъуу. 

ЕгъэджакIуэм и щапхъэ

Iэдииху къуажэм дыдэсщ илъэсий хъуауэ. Гудзакъэ, гулъытэ зиIэ гъунэгъуфIхэр сиIэщ. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ жиIатэкъэ пасэрейм?! ДыщыIэпхъуэжагъащIэм къэсцIыхуащ си анэ и ныбжьын бзылъхугъэ, Зухра зи цIэр. 

КъБР-м ветеринариемк1э и управленэм и хъыбарегъащIэ

«Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ я лэжьыгъэр хэIущIыIуу щытын» УФ-м и къэрал унафэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм Ветеринар IуэхухэмкIэ и управленэм цIыхубэр щыгъуазэ ещI социальнэ зэпыщIапIэхэм напэкIуэцI зэрыщаIэм.

ДяпэкIэ ветеринархэм я хъыбархэр МАХ, «Вконтакте», «Одноклассники», «Телеграм» социальнэ зэпыщIапIэхэм къыщывгъуэтынущ.

КъулыкъущIапIэм и официальнэ напэкIуэцIхэм сурэтхэр, видео гъэщIэгъуэнхэр, управленэм нэхъ щIэщыгъуэу къыщыхъухэр къралъхьэ.

МафIэ зэмыфэгъу

ФIыщ, сэбэпщ, дахэщ, ауэ имычэзумэ, шынагъуэщ мафIэр. Къыдогъэсэбэп икIи зыщыдохъумэ. МафIэм и зыщIыкIэм, и плъыфэм, и зэщIэстыкIэм, зэрызэхэтым гъэщIэгъуэну хэтхэм ящыщхэр къэдгъэлъэгъхуэнщ. 
МафIэм и плъыфэр елъытащ ар зыщIэнауэ исыр къызыхэщIыкIам, ар къызэрызыщIэплъам, жьым и къепщэкIэм, дунейм и щIыIагъ-хуабагъэм. ЩIыхуфэу, плъыжьу, плъыжьычу къызэщIонэ ар. ГъэщIэгъуэнщ: нэхъ пщтыр дыдэу зэщIэста мафIэм и плъыфэр щIыхущ.

Уахътыншэ хъуа щIалэхэр

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм  «Полёт в бессмертие» гъэлъэгъуэныгъэ щокIуэкI, СССР-м и ЛIыхъужь, Хэку зауэшхуэм хэта, къэралми республикэми я тхыдэм зи цIэр къыхэна Къардэн Къэбардэ къызэралъхурэ илъэси 105-рэ зэрырикъуам теухуауэ къызэрагъэпэщауэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ