|
|
Жылагъуэ
18 августа, 2022 - 11:41
Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур Аруан куейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ямызакъуэу къэралми куэд хуэзыщIа цIыхущ. Нало Залым Алий и къуэр Нарткъалэ щыцIэрыIуэщ. Къалэм техник ныбжьыщIэхэм я станц щиухуэри, щIалэ цIыкIухэр абы дригъэхьэхащ техникэм, щыцIыкIум къыщыщIэдзауэ ар фIыуэ ялъагъуу, я IэкIэ зэпкъралъхьэфу.
18 августа, 2022 - 07:35
Сосналы СулътIан и цIэр Кавказым и тхыдэщIэм хэтха хъуащ, а цIыхум адыгэ лъэпкъым и пщIэр зэриIэтам шэч хэлъкъым.
17 августа, 2022 - 09:15
ЦIыхубэр сыт щыгъуи ирогушхуэ, иробжьыфIэ тхакIуэм и гуащIэм. Псом хуэмыдэжу лъагэщ лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм я щIыхьыр. Адыгэхэм я дежкIэ апхуэдэ тхакIуэщ КIэрашэ Тембот. Адыгэ тхыбзэм япэ лъэбакъуэр щича махуэм къыщожьэ КIэрашэм и литературэ лэжьыгъэр. ЛIы ныбжь гъуэгуанэ и нэгу щIэкIащ Тембот и къалэмым. А къалэмым игъэбэтащ къэрал псом щыцIэрыIуэ «Гъуэгу насыпыфIэ» романыр, повесть хьэлэмэт зыбжанэ, рассказ куэд, нэгъуэщI тхыгъэхэр.
16 августа, 2022 - 17:29
Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. Апхуэдэ зэхуэхьэсыпIэхэр километр зыбжанэкIэ фабрикэм пэжыжьэу щаухуэ. ЗэманкIэ щыта псы фIейр мэжабзэ, щIыр щIотIысыкIри. ИужькIэ абы псыр къыщхьэщахыжри, иджыри къагъэсэбэп, нэгъуэщI пкъыгъуэ гуэрхэр къыхахыж е ягъэкъабзэри псы ежэххэм хаутIыпщхьэж. Псы фIейр нэхъ псынщIэу жэбзэн папщIэ, коагулянтхэмрэ флокулянтхэмрэ къыщагъэсэбэп щыIэщ.
16 августа, 2022 - 15:20
ХьэтIохъущыкъуейм дэт курыт школ № 2 - р гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзыращ.
ЕджакIуэу I70 – рэ щIэхуэным тещIыхьауэ илъэс куэд ипэ яухуа мы школым илъэс къэс елэжьын хуей мэхъу. Къапщтэмэ, зэхъуэкIын хуейщ жьы хъуа унэлъэгухэр, бжэ - щхьэгъубжэхэр.
16 августа, 2022 - 13:14
«ЩхъуантIагъэм хэс къалэ» - апхуэдэу куэдым къыхужаIэ Налшык. ЗыгъэпсэхупIэ паркышхуэмрэ удз гъагъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр зэрыту къалэм и щIыпIэ куэдым щытлъагъу утыку дахэмрэ зи Iэужьыр Урысей Федерацэм и апхуэдэ хозяйствэхэм щыпэрыту Налшык дэт «Горзеленхоз» муниципальнэ трестым и IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэщ.
16 августа, 2022 - 12:36
Шэджэм Ищхъэрэм дэт курыт еджапIэр сыткIи зэпэщу фокIадэм и I - м IущIэнущ. Иджыпсту лэжьыгъэ цIыкIуфэкIухэр и кIэм нагъэсыж.
КъатитIу зэтет школым и унащхьэм псыр къакIуэу хуежьат, гъэ къэс иращIылIэ лэжьыгъэ къызэрыгуэкIхэмкIэ Iуэхур зэфIэкIынутэкъым.
Район, жылагъуэ администрацэхэм я нэIэм щIэту ток кIапсэхэр, мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ сигнализацэхэр зыхуей хуагъэзащ, бжэ - щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ. Мы зэманыр здынэсам класс пэшхэр зэрахьэ, унэлъэгухэр, унэщIыбыр зыхуей хуагъазэ.
16 августа, 2022 - 11:09
Илъэсищэм щIигъу ипэкIэ Налшыки абы и Iэгъуэблагъэми иIакъым зызыужьа промышленность IуэхущIапIэшхуэхэр. Къалащхьэм дэтар хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэ цIыкIухэмрэ псы щхьэл зыбжанэрэщ, кхъуэщын, чырбыш, сэху щащI завод мыинхэмрэ кхъуей, тхъу хуэдэхэм щелэжь IуэхущIапIэхэмрэщ. I900 гъэм ирихьэлIэу псори зэхэту къалэм хиубыдэ щIыпIэхэм предприятэ щитIым щIигъу щыIэу арат. Абыхэм щылажьэрт цIыху 423-рэ.
16 августа, 2022 - 07:20
Ростов къалэм щыIэ онкоцентрым цIыхубз гуэрым килограмм 20 хъу шыкъыр къыщыкIуэцIахащ.
15 августа, 2022 - 14:18
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр интеллект IэрыщIымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм хуэгъэхьэзырыным теухуа зэIущIэ.
Страницы
|