|
|
Жылагъуэ
24 июня, 2022 - 17:39
Мэкъуауэгъуэм и 27 - 28-хэм Адыгей Республикэм и махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ, абы и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
24 июня, 2022 - 15:33
ЩыIэщ цIыху, и IэщIагъэр фIыуэ илъагъум къыщымынэу, абы езыр къыхуигъэщIауэ, и гуи и пси а Iуэхум етауэ и гъащIэр ирихьэкIыу. Апхуэдэр егъэджакIуэмэ, езым и зэфIэкIхэм щIэблэр щIигъэджыкIмэ, бгъэдэлъ щIэныгъэм къыщIигъэтаджэмэ, и щхьэ Iуэху телажьэм и мызакъуэу, ар лъэпкъми хуэщхьэпэщ, абы и зыужьыныгъэм и гуащIэ ирехьэлIэ.
24 июня, 2022 - 14:49
Урысей МВД-м Шэрэдж районым щиIэ къудамэм полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ рейдхэр щрагъэкIуэкIащ цIыхухэр нэхъ дэзыхьэх, куэдым зыщагъэпсэху псыхэм.
24 июня, 2022 - 14:01
Курп ЛъагапIэхэм щиухащ иджыблагъэ зи гугъу фхуэтщIа, 115-нэ шуудзэм и цIэкIэ ирагъэкIуэкIа зекIуэр.
23 июня, 2022 - 13:17
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэри хэтащ Хэкур яхъумэурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм екIуэкIа «Фэеплъ уэздыгъэ» урысейпсо акцэм.
Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и дзэ къулыкъущIэхэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ республикэм и щыхьэрым дэт «Фэеплъым и МафIэ мыужьых» мемориалым деж. А Iуэхур къыдаIыгъащ республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, ветеран, дзэ-псэкупсэ организаэхэм я лIыкIуэхэм, юнармейцхэмрэ ТекIуэныгъэм и волонтёрхэмрэ.
Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри, мемориалым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
23 июня, 2022 - 11:02
СССР-м щыпсэуахэм фIы дыдэу ящIэж бдзэжьейм махуэ хэха зэриIар. Зы хабзэм тету, махуэку къэс шхапIэхэм щапщэфIыр а зырат. Абы лъандэрэ зэман дэкIами, нэгъуэщI къэрал къэунэхужами, а хабзэфIым иджыри дытету жыпIэ хъунущ, бдзэжьейм щIэупщIэ зэриIэр къэплъытэмэ.
Бдзэжьейм и махуэр СССР-м къызэрыщыунэхуар
23 июня, 2022 - 07:11
ЗэманыфIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Хьэтуей къуажэм щыщ Жылэхэ я унагъуэм щIалэ цIыкIуитI зэуэ къащыхэхъуэм, зым Къэралшу, адрейм Нартшу фIащат. Къэхъуащ ахэр адыгэ хабзэм щIапIыкIыу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу, нэмысыфIэщ жрагъэIэу. ЩIалитIыр иужькIэ цIэрыIуэ зэрыхъуар абыхэм фIаща цIэ дахэхэртэкъым, атIэ я дуней тетыкIэрт. Нобэр къыздэсым жылэжьым дэсхэр абыхэм ирогушхуэ, псалъэ гуапэ хужаIэ…
22 июня, 2022 - 16:10
МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм щекIуэкIащ мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ Урысейпсо зэгухьэныгъэр - ВДПО-р - къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I30-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ зэхыхьэ.
Абы кърихьэлIащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм, ВДПО-м республикэм щиIэ IэнатIэм и Налшык къалэ къудамэм я унафэщIхэр, ВДПО-м и совет нэхъыщхьэм и хьэщIэхэу «Столичный трубочист» ООО-м и унафэщI Розвадовская Галинэ зи пашэр.
22 июня, 2022 - 13:24
Ди къалащхьэм и утыкум щрагъэкIуэкI ухуэныгъэхэр ипэкIэ мэкIуатэ.
Головком и уэрамым щаухуэ сабий поликлиникэ №I - р ещанэ къатым нагъэсащ. УхуакIуэ бригадэхэр жэщ - махуэ ямыIэу мэлажьэ. Чырбыш плъыжь защIэкIэ иджырей мардэхэм тету дращIей блынхэр захуэщ, дахэщ. Iуэхум къыдэкIуэу къат къэскIэ коммуникацэ хуэIухуэщIэхэр и пIэм щрагъэзагъэ.
22 июня, 2022 - 10:55
Лъэхъэнэ къэс езым и гуащIэрыпсэу иIэжщ. Нобэ фэдгъэцIыхуну ди нэ къызыхуикI Авидзбэ Ахърэ ар хужыпIэныр егъэлеиныгъэу щыткъым, сыту жыпIэмэ, щIалэм 20I4 гъэ лъандэрэ «Донецк къалэм и лIыхъужь» цIэр зэрехьэ. Илъэс 38-рэ фIэкIа зэрымыхъум хуэдэу, орденыбгъэщ, командирщ, зауэлIщ.
«Зауэр щIалэ Iуэхущ», - Цой Виктор и ежьу цIэрыIуэр псалъафэ хуэхъужащ «Пятнашка»-м и командирым. 20I4 гъэм зыщIидза зауэм езым я гукъыдэжкIэ кIуа Ахърэ и акъылэгъу 20-рщ «лъэпкъ куэду зэхэт батальон» зыфIэзыщыжар.
Страницы
|