|
|
Жылагъуэ
20 февраля, 2023 - 08:29
ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым зэрыпежьэ гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.
17 февраля, 2023 - 12:26
«Уэрамым дэт хьэ хьэулейхэм фахуэсакъ»… Иужьрей зэманым дэтхэнэ зыми и тхьэкIумэм итщ а псалъэхэр. А Iуэхум убгъуауэ топсэлъыхь Урысейм къыщыдэкI газетхэри. Къэтхьынщ мыпхуэдэ бжыгъэхэр: иужьрей илъэситIрэ ныкъуэм ди къэралым и цIыху мин 900-м нэхърэ нэхъыбэм хьэхэм я зэран къекIащ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIа щIыналъэ 35-м ар тедгуэшэжмэ, абыхэм я дэтхэнэми ар цIыху 256-м щыноблагъэ. Хьэхэр зэдзэкъахэр зыщIэлъэIур а псэущхьэхэр щаIыгъын щIыпIэ хэха къахуэгъуэтынырщ. Ди «Адыгэ псалъэ» газетми а Iуэхум къыпикIухьыркъым.
17 февраля, 2023 - 12:17
Мы псым адыгэхэм «Лэскэн», осетинхэм «Лескены дон» хужаIэ. КъыщыщIидзэри Тэрч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэжри Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр арами, икухэм хуэзэу иджырей Осетие Ищхъэрэ - Аланием и щIы кIапэми пхрож. «Къырылъэ шытх» зыхужаIэу Кавказ къуршхэм яхэт лъагапIэ екIуэкIым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм зыщызэхуехьэс, километр 59-рэ и кIыхьагъщ. И тIуащIэм Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ, Лэскэн Езанэ (мыр осетин жылэщ, здэщыIэ щIыпIэм I864 гъэм ирагъэтIысхьащ), Лэскэн Ипщэ къуажэхэм зыдаубгъуащ.
17 февраля, 2023 - 09:28
ЩIэныгъэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэр пасэрей щынд-мэуэт лъэпкъыжьхэм къазэрытехъукIам. Ахэр хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ я Iуфэм екIуэкIыу Iусащ, Темэн хытIыгуныкъуэри къызэщIиубыдэу. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэхэм Ахынрэ МыутI гуэлымрэ (хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ пасэрейм зэреджэу щытар аращ) зэпызыщIэ тIуащIэм къыдэтIысхьауэ щытащ алыдж лъэпкъхэр. Хуэм-хуэмурэ абыхэм къызэрагъэпэщат адыгэ лъэпкъыжьхэм ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуа Боспор къэралыгъуэр.
17 февраля, 2023 - 08:05
Гурылъым и абгъуэ
Мыгувэу дэнэкIи щагъэлъэпIэнущ Анэдэлъхубзэр хъумэным и дунейпсо махуэр. Куэдым ямыщIэми, кърамыдзэ-къафIэмыIуэхуми, мыпхуэдэ махуэшхуэхэр лейуэ къалъытэми, ар узыгъэгушхуэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ мы махуэр ягъэлъэпIэху, лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным гулъытэ нэхъыбэ игъуэтынущ, ахэр щыкIуэдыжыну жыхуаIэ лъэхъэнэри Iэпхъуэнущ.
16 февраля, 2023 - 13:25
ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр, и зэфIэкIыр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэр и гъэсэнхэм къыхуаIэ пщIэмрэ абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэмрэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и деканым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Тхьэбысым Иринэ Къарней и пхъур. Абы иригъэджахэм мымащIэу яхэтщ зыпэрыт IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъагъуэхэр, студенту щыщыта зэманыр ягу къыщагъэкIыжкIэ, а бзылъхугъэм и цIэри гуапэу къыхагъэщ.
16 февраля, 2023 - 12:55
Дэнэ сыщымыIами, сыт хуэдэ лэжьыгъэ зезмыхьами, зыщызгъэгъупщэркъым си анэбзэр. Си анэм и гущэкъу уэрэдхэр зэрыгъэпсауэ щыта псалъэхэр зейр адыгэбзэрщ. АпхуэдизкIэ абы къару къызет, лъагэу сеIэт, пкъыфIэу зыкъысщегъэхъужри, сыкъэзыухъуреихьхэри, слъагъу цIыхухэри зэрыпсалъэр си бзэу къысщохъу.
16 февраля, 2023 - 11:21
Нобэ компьютерхэр къыщагъэсэбэп IуэхущIапIэхэми унагъуэхэми. Иджырей гъащIэм ар къыхыхьэпауэ къалэн куэд зэфIегъэкIри, компьютер зыхэмыт дуней нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Ауэ, иджыри илъэс 40 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, компьютер къэгупсысыным елэжьхэм я нэгуи къыщIагъэхьэртэкъым цIыхубэр абы хуэныкъуэнкIэ хъуну, къагъэсэбэпыну. ЦIыхубэр абы щыгъуэ ирикъурт калькуляторым.
15 февраля, 2023 - 14:55
Мазаем и I4-м дуней псом щагъэлъэпIащ Интернет шынагъуэншагъэм и махуэр. Абы теухуат Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэр.
15 февраля, 2023 - 13:44
ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис Мустэфа и къуэр илъэс бжыгъэ куэдкIэ комсомол, парт лэжьыгъэхэм пэрытащ. 1980-1991 гъэхэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым секретару, етIуанэ секретару, япэ секретару щылэжьащ. 1985-1986 гъэхэм КПСС-м и ЦК-м и чэнджэщэгъуу Афганистан Республикэм щыIащ. КПСС-м и съездищым, ВЛКСМ-м и съездищым лIыкIуэу хэтащ.
Страницы
|