|
|
Жылагъуэ
7 февраля, 2023 - 14:00
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къызэпаудащ «Егъэджакуэхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэнымкIэ центр» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIу щытахэм язым зэрихьа хабзэншагъэр.
Абы республикэм и егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ программэр пхигъэкIыу, цIыхухэм щIэныгъэ ягъэгъуэтыным теухуа зэгурыIуэныгъэ нэпцI 45-рэ ярищIылIащ. Апхуэдэ хабзэншагъэм кърикIуащ хэщIыныгъэ сом мелуан 1,5-м нэблагъэ.
7 февраля, 2023 - 12:52
Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щекIуэкIащ шынагъуэншэу псэуным, гъуэгухэм тэмэму щызекIуэным хуэгъэпса дерсхэр, къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм лей зыщытехьахэм япэ дэIэпыкъуныгъэ етыным ехьэлIа мастер-классхэр.
Гузэвэгъуэ хэхуа цIыхухэм я деж псом япэу нэс IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэм ящIыгъуу студентхэм зыхуагъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ Налшык къалэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и унафэщIым и къуэдзэ Макаев Мулидрэ.
7 февраля, 2023 - 11:41
20-нэ лIэщIыгъуэм нэхъ ин дыдэу яухуауэ щыта «Титаник» британ кхъухь абрагъуэр япэ дыдэу псым щытехьам зэрыщIилъэфам дыщыгъуазэщ. Ар къыщыхъуар 1912 гъэм мэлыжьыхьым и 14-15-хэрщ.
6 февраля, 2023 - 13:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм щеджэ цIыкIухэм дяпэкIэ Iэмал яIэнущ финанс щIэныгъэм епхауэ къызэрагъэпэщ пэIудза дерсхэм хыхьэну. КъБР-м и Лъэпкъ Банкым хъыбар къызэритымкIэ, финанс щIэныгъэмкIэ гъатхэм къыхалъхьэну пэхуэщIэм (проектым) хыхьэфынущ 8 - 11-нэ классхэм щеджэхэр, КъБР-м IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щрат колледжхэмрэ техникумхэмрэ щIэсхэр.
6 февраля, 2023 - 11:55
Фор шхыныгъуэ хьэлэмэту зэрыщытым и мызакъуэу, хущхъуэгъуэ папщIэуи къагъэсэбэп. Фор лIэужьыгъуэ зыбжанэу зыщхьэщедз. Ар зыхуэдэр елъытащ щагъэхьэзыра щIыпIэмрэ бжьэм IэфIыр къызыпих къэкIыгъэхэмрэ. Бжьахъуэхэр щыгъуазэщ фор нэхъыбэрэ зэрыпхуэхъумэнумрэ хущхъуэ папщIэу къызэрыбгъэсэбэпынумрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыдрейхэм ди тхыгъэр куэдкIэ сэбэп яхуэхъунущ.
6 февраля, 2023 - 10:56
Урым Пащтыхь Нерон и анэ Агриппинэ НэхъыщIэм гъащIэ гугъу къигъэщIащ, хьэлъэуи дунейм ехыжащ. Нерон пащтыхьыгъуэм къэзышэсари тезыгъэувари Агриппинэщ, и быным щхьэкIэ сытри ищIэну хьэзыру щытами, ар зыIэщIэкIуэдэжар и къуэращ.
5 февраля, 2023 - 09:00
Мы махуэхэм зи илъэс 18-р зыгъэлъапIэ Мэршэнкъул Данэ Мухьэмэд и пхъур Краснодар дэт, УФ-м и МВД-м и университетым и япэ курсым щIэсщ.
4 февраля, 2023 - 09:29
ПэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэм ерыскъы хуабэ ирагъэшхыныр ди республикэм и курыт еджапIэхэм хабзэ дахэ щыхъуащ.
4 февраля, 2023 - 09:08
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм гъатхэ вэн-сэным зыхуагъэхьэзыр.
3 февраля, 2023 - 16:15
Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм илъэс 17 ныбжьым нэс хиубыдэ сабий 17000-м яхуигъэуващ къэралыр ядэIэпыкъуу мазэ къэс яритыну ахъшэр.
Страницы
|