Жылагъуэ

ПцIыр къыпщIэкIуэнукъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ фермерым гъэпцIагъэкIэ сом мелуани 3-м нэблагъэ зыIэригъэхьащ.

Шэджанэ къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI

«Урысей географие зэгухьэныгъэм» ПсыщIагъ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым Шэрэдж щIыналъэм мы махуэхэм еджэныгъэ-узэщIакIуэ лэжьыгъэхэр щрегъэкIуэкI.

Лъэпкъ IуэрыIуатэм пэджэжу

 «Иныжь» псалъэм къытрагъэпщIыкIа щIыпIэцIэхэм Адыгэхэм я Хэкужьым куэду узэрыщрихьэлIэу щытыгъам дэ шэч къытетхьэркъым. Абыхэм ящыщщ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIынухэри.
Шапсыгъ щIыналъэ
- Иныжь къуладж. Хы ФIыцIэм хэхуэж Шахэ ижь лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсымрэ ар къызыдэж тIуащIэ зэв цIыкIумрэ я фIэщыгъэщ.
- Иныжьытх. Иджырей шапсыгъ жылэхэм нэхъ зызыужьауэ яхэтхэм ящыщ ШахэкIеишхуэ къуажэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыбгъэдэт къырылъэ-мэзылъэ шытхщ.

Гупсысэм и лъагъуэм

Бэхъунэ Жаннэ Налшык щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым дирижёр IэщIагъэм щыхуеджащ, Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ урысей академиер продюсер IэщIагъэмкIэ къиухащ диплом плъыжь иIэу.

Къалащхьэм зиужьыныр ди плъапIэу

Архитектурэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ гъуазджэм, дахагъэм НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум и псэр и унэми щыпсэу къалэми щытыншыныр зи гугъу тщIы IэнатIэм куэдкIэ елъытащ.

ХамэщIымрэ Хэкумрэ

Гъатхэпэм и 8-р къыщысым деж дэтхэнэ зы балъкъэрми, псом хуэмыдэу Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ щыIахэм, я нэгу къыщIоувэж а зэман хьэлъэр.
Дауи, а илъэс I3-р гъащIэм фIыцIагъэ зэфэзэщу хэтауэ жыпIэ хъунукъым. Сыт щхьэкIэ? Зи хэку залымыгъэкIэ кърахуа цIыхухэм ятелъ хьэзабыр зылъагъухэм зыкъыщIагъэкъуэну иужь итт. Брехт Бертольт жиIащ: «ЦIыху щыпсэум цIыху къыщыбдэIэпыкъунщ». Апхуэдэ я щхьэ кърикIуащ балъкъэрхэми.

Гъуэгухэр зэрагъэпэщыж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Къубэ-Тэбэ (ХьэкIэщей) къуажэм мы лъэхъэнэм гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр щокIуэкI.

Бжыгъэхэм я дерс

Дызэрыт илъэсым мазаем и 14-м щегъэжьауэ гъатхэпэм и 13 пщIондэ «Яндекс» утым «Бжыгъэхэм я дерс» зыфIища урысейпсо егъэджэныгъэ проектыр ирегъэкIуэкI.

ЕджапIэр зэрагъэпэщыжынущ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткӀэ, дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм зэрагъэпэщыжын щ1адзэнущ Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэм дэт, Къардэнхэ Къубатийрэ Къэбардрэ я цӀэхэр зезыхьэ курыт еджапӀэр.

«Жьы» - м дежьухэр

Жьыпэу, жьыугъуэджэ - жьы къыщемыпщэ щIыпIэ  («унэ блыниплIри сэ зыкIи жьыпэу а махуэм схуэмыхъут»).

Жьыуейпсыуей - жьыи къепщэу, уэшхи къешхыу; уэтIпсытI.

Жьычу - «жьычу зэщIэщтхьэн», «щIымахуэ жьычым», «дунейри жьычу зэщIэщтхьауэ».

Жьычэн – щапхъэ: „ПхъэцIычыр мэжьычэ“.

ЖьыщIэху - жьы мащIэ къыщепщэ (пщэдджыжь, пщыхьэщхьэ).

Жьыхъарз – жьы кIэрахъуэ.

Жьыбгъэ – къыкъуэурэ къепщэ жьы.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ