|
|
Жылагъуэ
15 марта, 2022 - 08:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгыу гектар минрэ ныкъуэрэ щагъэтIысащ 2021 гъэм къриубыдэу. Жыг Iэрысэхэм дунейр гуимыхужу къызэрагъэдахэм, щхъуантIагъэкIэ бей зэрищIым щIыналъэм къихьэми икIыжми гу лъатэ, интернетым и щIыпIэ куэдым щытопсэлъыхь.
15 марта, 2022 - 07:00
Гупсысэр – псалъэкIэ
Жьыгъэр мыдрей гъащIэ Iыхьэхэм япэ иту щытамэ,
сыту фIыIуэт, ар пщIэкIауэ упсэуну сыт и уасэт!
(Хьэх Сэфарбий).
14 марта, 2022 - 14:55
ХьэгъуэлIыгъуэ. Дыхьэзырщ дыкъэфэну, дефэну, дыудэфэну.
Щауэмрэ нысащIэмрэ я сурэттех «хуэIухуэщIэхэр» бэлыхьщ: зэбгъурыту, зэбгъурысу, зызыщIагъэкъуауэ, зэшэкIауэ… Зытрахыр хъарзынэщ: зэман дэкIмэ, къапщтэу узэплъыжын е зэфIэптхъыжын гуэр уиIэн хуейщ, дауи! КъыхэхIаи къилъхьэ интернетым – ари хъунущ. Ауэ я псори интернетым илъщ сурэту: сантиметр бжыгъэкIэ зэщыкIуэтэжмэ, я гухэлъыр лэгъунэм намыхьэсынкIэ укъагъащтэ.
14 марта, 2022 - 12:25
Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр фIыгъуэшхуэщ. ЦIыхур къызэригъэщIрэ жьэрыIуатэбзэ щыIэми, абы Iурылъ и анэдэлъхубзэр тхыгъэкIэ къигъэлъэгъуэн щыщIидза лъэхъэнэхэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я дежкIэ зэмыщхьщ: хэти нэхъ пасэу тхыбзэ зригъэгъуэтащ, хэти нэхъ иужьыIуэкIэщ апхуэдэ Iэмал щигъуэтар.
14 марта, 2022 - 12:25
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам и лэжьапIэ пэшым щыIущIащ республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и лIыкIуэхэм – абы и унафэщI Къущхьэ Иналрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр КIэмпIу Зурианэрэ.
ЩIалэгъуалэ правительствэр – ар КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щызэхэт щызэчэнджэщ, щызэпсалъэ органщ. Ар къыщIызэрагъэпэщам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр къэрал властым и органым къыпэщылъ къалэнхэр гъэзэщIэным щIалэгъуалэр къыхэшэнырщ, апхуэдэу иужькIэ къулыкъущIапIэхэм щылэжьэн IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынырщ.
14 марта, 2022 - 11:41
Республикэм щэнхабзэм зыщегъэужьыным иужьрей илъэсхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкI Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ ЩэнхабзэмкIэ унэхэр ухуэныр, ахэр зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныр.
13 марта, 2022 - 13:49
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа усакIуэ щэджащэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд… - лъэпкъым вагъуэ мыужьыхыжу диIэ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIауэ деджэкIэ, адыгэбзэм хуэдэу ди псэм нэсынукъым. Ар хьэкъщ. Ар апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыщ: хамэбзэр здынэсыр ди акъылращ, анэбзэр здынэсыр дигуращ.
13 марта, 2022 - 11:19
Гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъуауэ щыта, «Букварь» жиIэу зытета тхылъ цIыкIур къызэрытIэрыхьэрэ илъэс щэ ныкъуэ нэхърэ нэхъыбэ блэкIагъэнщ.
13 марта, 2022 - 09:16
Адыгэ тхыбзэр къежьэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди япэ лъэпкъ газетхэм. Абыхэм алыфбеищIэр щызэхалъхьэ, щыпхагъэкI къудейтэкъым, атIэ традза тхыгъэхэмкIэ цIыхухэм къеджэкIэрэ тхэкIэрэ щрагъащIэт.
13 марта, 2022 - 07:14
Дэ допсэу дунейпсо цIыхубэм и Iуэхухэр кIуэ пэтми къыщыбатэ, лъэпкъышхуэхэм я бзэхэр, псом япэуи инджылызыбзэр, дунейпсо Iуэхухэр зезыгъакIуэхэр, лъэпкъ цIыкIухэм къащытегуплIэ лъэхъэнэм.
Страницы
|