|
|
Жылагъуэ
26 января, 2022 - 12:39
Пащтыхьхэм я хьэлт цIыху губзыгъэхэмкIэ, зэчий зыбгъэдэлъхэмкIэ зыкъаухъуреихьыну. Языныкъуэ пащтыхьхэр езыхэм я зэчийкIэ цIэрыIуэ хъуахэщ, адрейхэм гу зылъата сурэтыщIхэм, щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, гъуазджэм дихьэххэм ядэIэпыкъукIэрэ я цIэр Iуащ.
26 января, 2022 - 12:15
Яжьэ теудэ – цIыхубз уэндэгъур щымылъхуэфым деж, фызгъалъхуэм жьэгу яжьэ къищтэрти абы и ныбэм трикIутэрт, щихуэрт: «тхьэм псынщIэу фызэIэпих», жиIэурэ.
Псыхэплъэ – хъыджэбз зи ишэгъуэхэр зэхуэсырт, шынакъым псы иракIэрти, я нэр ямыгъэупIэрапIэу абы хэплъэрт, зышэну щIалэхэм я сурэтхэр къищыну жаIэрти.
26 января, 2022 - 12:00
Насыпыр зыхэлъэгъуапхъэр ахъшэракъым, атIэ абы и куэдагъырщ. А Iуэхум щыхьэт тохъуэ «Жылагъуэ Iуэху еплъыкIэ» фондым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэр. Социологхэм къызэрахутамкIэ, иужьрей зэманым урысейм и цIыхухэр хущIэкъу хъуащ, егъэлеяуэ гугъу ехьми, Iэмал зэриIэкIэ, ахъшэ нэхъыбэ къызэралэжьыным. Зи пщIантIэпс хьэлэлкIэ мылъкушхуэ зэзыгъэпэщахэм, нэхъапэхэми хуэмыдэжу, пщIэшхуэ хуащI.
25 января, 2022 - 10:15
Дзэлыкъуэкъуажэ утыку къыщрахьащ «Зольчанка» тхылъыр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм тхылъ-щIэнгъуазэу къалъыта къыдэкIыгъуэр траухуащ дзэлыкъуэдэс бзылъхугъэхэм – анэхэм, егъэджакIуэхэм, дохутырхэм, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, мэкъумэш IэнатIэм я лэжьакIуэхэм, къэралым къулыкъу хуэзыщIэхэм. Ар я Iэдакъэ къыщIэкIащ Джатэ Руслан, Бжьахъуэ Ранетэ, КъуэщIысокъуэ Iэсият сымэ.
25 января, 2022 - 09:22
Тыркум щыIэ Хьэпцlей къуажэм дэсхэр 1870 гъэхэм Къэбэрдейм и Джылахъстэней щIыналъэм икlыу lэпхъуахэм ящыщщ. Къуажэр зыухуар Хьэпцlэ Мэжидщ. Абы и гъусэу а щIыпIэм щетIысэхат Тап Бабу, Бэгъуэт Мусэ, Къандур Шамил сымэ, нэгъуэщIхэри. ИужькIэ яхэтIысхьащ Елъкъанхэ, Тапхэ, Щамырзэхэ, Цейхэ, Быхъунэхэ, Фочыщlэхэ, Бэрэзджхэ.
Къуажэр Узун-Яйлэ щIыналъэм иужь дыдэу итlысхьахэм ящыщщ. Къуэгъулъкъуейрэ Жаныкъуейрэ я гъусэу щетIысэхащ ахэр абдеж. ИужькIэ, аргуэру Хьэждэгухэ, Ефэндыхэ яхэтlысхьащ.
25 января, 2022 - 09:10
Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-рэ зи лъагагъыр.
ЭТИМОЛОГИЕМ (псалъэпкъхэм я лъабжьэхэр къэзылъыхъуэ щIэныгъэм) зыдезыгъэхьэххэм куэду яхэтщ зэман блэкIахэм къахэтэджыкIа щIыпIэцIэхэр, гурыIуэгъуафIэ тщащI къащыхъуу, нобэрей бзэхэм я IукIэм хуэзыгъакIуэхэр. Абыхэм къалъытэну я щхьэ тралъхьэркъым бзэм и пкъыгъуэу фIэщыгъэцIэм ехьэлIахэр блэкIа лIэщIыгъуэхэм «я кIыщым зэрыщыщIаIущIыкIар».
25 января, 2022 - 08:01
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм щыплъыращ Налшык и «Трек» гуэлым. Ар тещIыхьащ цIыхухэм я шынагъуэнгшагъэр къызэгъэпэщыным. Гуэлым псыр ижыпакъым, щтыуэ щIидзащ, щIыпIэ-щIыпIэхэм мылым и Iувагъыр см. 1,5-рэ хъууэ аращи, утехьэнкIэ Iэмл иIэкъым. Абы къыхэкIыу щIыпIэм щагъэуващ цIыхухэр мылым техьэну хуит зэрамыщIыр зытетха пхъэбгъ. КъинэмыщIауэ, паркым къыщызыкIухьхэм епсэлъащ шынагъуэ къыздикIынкIэ хъунум теухуауэ, ахэм теухуа тхыгъэ кIэщIи иратащ..
24 января, 2022 - 14:55
Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ.
24 января, 2022 - 11:52
Налшык къалэ дэт поликлиникэ №3-м и дохутыр нэхъыщхьэ Дол Маринэ и гъащIэр тыхь хуищIащ цIыхум и узыншагъэр хъумэным. Зыпэрыт IэнатIэм щихь жэуаплыныгъэр нэсу зыхищIэрэ адэкIи зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу ирехьэкI абы и лэжьыгъэр. И Iуэху бгъэдыхьэкIэм щыгъуазэ ухуэхъуамэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым а бзылъхугъэм и IэщIагъэр фIыуэ зэрилъагъум. Дэнэ а лъагъуныгъэр къыщежьэр жыпIэмэ, Маринэ къызыхэкIа унагъуэрщ.
23 января, 2022 - 08:29
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум ущытепсэлъыхькIэ, япэ зи цIэ къиIуэн хуейхэм ящыщщ лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, ар ипэкlэ зыгъэкlуэтэфа, усыгъэм езым и гъуэгу щызыубзыхуфа ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр.
Страницы
|