|
|
Жылагъуэ
31 декабря, 2022 - 15:12
Критик, литературовед, щIэныгъэлI ХьэкIуащэ Андрей лъэпкъ щэнхабзэр, щIэныгъэр, литературэр егъэфIэкIуэным къыпхуэмылъытэну и гуащIэшхуэ хилъхьащ. И гъащIэ гъуэгуанэр гугъуу щытами, ар купщIафIэу ирихьэкIащ.
31 декабря, 2022 - 13:44
Псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр чэзуууэ илъэс 12-м я тепщэу зэрыщытыр IупщIу къыхощыж къуэкIыпIэ махуэгъэпсым теухуа хъыбарым. Абы зэрыжиIэмкIэ, зэгуэрым Буддэ и деж жэрдэм зиIэ псэущхьэхэр иригъэблэгъат. АрщхьэкIэ, мэз, унагъуэ псэущхьэ псори ирихьэлIэфакъым абы, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дунейр щIыIэт, Буддэ деж унэсын папщIэ псы куу узэпрысыкIын хуейт.
31 декабря, 2022 - 13:26
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым иджыблагъэ щызэхэтащ ЩIалэгъуалэ палатэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр къыщызэщIакъуэж зэIущIэ. Илъэсым къриубыдэу КъБР-м и Парламентым и ныбжьыщIэ къудамэм хузэфIэкIамрэ дяпэкIи зэфIахын хуейуэ къапэщылъымрэ теухуауэ къэпсэлъащ ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Борисевич Екатеринэ.
ЩIалэгъуалэ палатэм и VII зэхуэсым цIыху 50 хэтщ. Я нэхъыщIэ дыдэм и ныбжьыр илъэс 19 ирикъуауэ аращ, нэхъыжь дыдэр илъэс 35-рэ мэхъу.
31 декабря, 2022 - 12:28
Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу, зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъу Налшык къалэм дэтым деж иджыблагъэ пэкIу щригъэкIуэкIащ.
31 декабря, 2022 - 06:20
Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ федеральнэ, хэгъэгу, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. Iэтащхьэм жэуап яритащ телевиденэм, газетхэм, радиом, агентствэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ журналистхэм я упщIэхэм.
ЗэIущIэм хэтащ «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэм, ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телевиденэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и радиом я унафэщIхэри.
31 декабря, 2022 - 06:01
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щаритыжащ къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэща IэщIагъэлI пашэхэм. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм и пэщIэдзэм абы жиIащ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ, зыгъэбагъуэ, республикэм и зыужьыныгъэм псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ цIыху щэджащэхэм и гуапэу фIыщIэ зэрахуищIыр.
30 декабря, 2022 - 14:00
Урысей Федерацэмрэ Куржымрэ я гъунапкъэр зыгъэбелджылы Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэу къалъытэр Шхарэ (Щхьэрэ) зи фIэщыгъэ бгыжьырщ. Мыбдежым занщIэу щыжытIэнщи, Iуащхьэмахуэ зыхиубыдэр нэхъ ищхъэрэкIэ щыIэ Гуэдзэн Шытхырщ.
30 декабря, 2022 - 11:00
Мы псы хъурейм и гугъу щащIкIэ, пасэрей алыджхэм «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» фIэщыгъэхэр къагъэсэбэпырт, урысхэм «Сурож тенджыз» хужаIэрт. Хы цIыкIум адыгэхэр зэреджэу щыта «Азыкъ» псалъэр, зэрынэрылъагъущи, мы зэманым «Азов» зыхужаIэм и гъунэгъубзэщ.
30 декабря, 2022 - 08:00
ЦIыхум гумащIэу хущытынымрэ зыхузэфIэмыкIым дэIэпыкъунымрэ ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къыщIэкIынщ. Гур кIуэдмэ, лъэр щIэкIыркъым, жеIэ адыгэ псалъэжьым.
29 декабря, 2022 - 12:19
Уэр, уэшхми ещхьу, къешх-къес лIэужьыгъуэхэм ящыщщ. Нэхъыбэр хъурейуэ къох, ауэ плъыфэ гъэщIэгъуэнхэр щаIи щыIэщ. Пшэхэм уэ къыхохъукI псыIагъэр дийуэрэ, щтыуэрэ. ЩыдийкIэ, ткIуэпсхэр зэжьэхэуэурэ зэкIэрощтхьэ. Нэхъыбэу зэкIэрыщтыхьэху, уэр нэхъ ин мэхъу. Нэхъыбэм уэр зэрыхэхъуэр миллиметр зыбжанэщ. Ар нэхъри ин хъун папщIэ къызэрымыкIуэ жьапщэшхуэм хиубыдэн хуейщ. Сантиметр зыбжанэ хъу уэр щIылъэм къыщехкIэ, сыхьэтым километри 100 хуабжьагъ иIэщ. Уэ абрагъуэхэр къыщехкIэ сыхьэтым километри 160-рэ псынщIагъкIэ къехыфынущ.
Страницы
|