Жылагъуэ

Нарткотикхэм щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щызэхалъхьэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа «Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм кърикIуахэр. 

«Адыгэ псалъэр» ди унэхэм къэзыхьхэр

Газет Iэ тедзэгъуэм ирихьэлIэу, я фIыщIэ къыхэдгъэщыну ди гуапэщ ди лэжьыгъэм и хьэтыр зылъагъу ди щIэджыкIакIуэхэмрэ къыдэкIыгъуэр и чэзум цIыхубэм яIэрыхьэн папщIэ, гугъу зезыгъэхь пощтзехьэхэмрэ. ДевгъэдаIуэт Нарткъалэ щыщ Тэнащ Эммэ езым и унэр зи нэIэ щIэт пощтзехьэ Къурмэн Оксанэрэ абы и лэжьэгъухэмрэ яхужиIэм.

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм хэтынухэр къыхах

«Щхьэхуимыту щаIыгъ щIы­пIэхэм цIыхум и хуитыныгъэхэр къызэрыщызэгъэпэщам жылагъуэр кIэлъыплъынымрэ щхьэ­хуи­мыту щаIыгъ щIыпIэхэм щыIэ­хэм ядэIэпыкъунымрэ теухуауэ» 2008 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къыдэкIа Закон №76-ФЗ-м ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэ кIэлъып­лъакIуэ комиссэм хагъэхьэнухэр къыхэхыным 2022 гъэм дыгъэ­гъазэм и 5-м зэрыщIэддзэмкIэ хъы­бар фызогъащIэ.

Ди къуэш республикэхэм

Къулыкъум  пэроувэ

АДЫГЕЙ. АР-м къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэу иджыблагъэ ягъэуващ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист МэшлIокъуэ Саидэ.

КIыщыкъуэ къилэжьа пщIэ

Хэку зауэшхуэм хэта, совет парт, къэрал лэжьакIуэ цIэ­рыIуэ Къущхьэ КIыщыкъуэ щыпсэуа, Налшык къалэм Лениным и уэрамым тет унэ №20-м абы и фэеплъ ­пхъэ­бгъу фIадзащ.

Бзэр щIэныгъэм и IункIыбзэIухщ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэрагъэпэща бзэщIэныгъэ хасэм и япэ зэIущIэр иджыблагъэ зэхэтащ. «Бзэр щIэныгъэм и IункIыбзэ1ухщ» – аращ зэреджэр ныбжьыщIэхэм зэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъым.

ЦIыхумрэ плъыфэмрэ

Плъыфэ куэд щыдолъагъу мы дунейм. Лэгъупыкъур зи теплъэу щыт гъащIэр куэдрэ къытхуотыгъэ хужьыгъэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей зэманым бжьыпэр иIыгъщ фIыцIафэм. Абы и щхьэусыгъуэхэри гурыIуэгъуэу къыщIэкIынщ: уз шынагъуэ, лэжьыгъэншэ, мэжэщIалIагъэ, цIыхугъэншагъэ, зэрыукI…

ЦIыхухэм сфIэгъэщIэгъуэну куэдрэ сакIэлъоплъ. Мы махуэхэм нэхэр нэхъ зытеплъызэу щытар плъыфэхэрщ, цIыхухэм ящыгъ щыгъынхэм я плъыфэхэрщ. Москва метром сыт щыгъуи цIыхур щыкуэдкъэ-тIэ? ГъэунэхупIэ щIыпIэу къыхэсхари аращ.

Адэ лъапсэм и IэфIым щыужахэр

Мазэ хъуа-мыхъуащ Дагъыстэным щыщ хъыджэбзиплI щIэпхъуэжауэ хъыбар къызэрыIурэ. Езыхэм зэрыжаIэмкIэ, абыхэм я унэм леишхуэ къащытехьэрт.  Куржы гъунапкъэм икIын я мураду, Осетие Ищхъэрэм хуэзэ Ларс Ипщэ щIыпIэм нэса иужь, пщащэхэр хабзэхъумэхэм  яубыдащ.  

Псори насыпым елъытащ

 

ЩыIэри, щыIари, щыIэнури зи IэмыщIэ илъ Алыхьым ди натIэ илъымрэ къытпэщылъымрэ зэхуэмыдэу дыкъигъэщIащ. Хэти и гъащIэр щIэращIэщ, насыпкIэ псыхьащ, гуфIэгъуэ защIэм хопсэухь, хэти зы махуэм нэхърэ адрейр нэхъ къытехьэлъэу мэпсэу. Сыт апхуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэр къызыхэкIыр? Языныкъуэм батэр ягъэшу, къэнахэм кIэрыхубжьэрыхур я натIэ щхьэ хъурэ?

ЗэрыжаIэмкIэ, псори зэлъытар насыпырщ. Уи кIэн къикIрэ,  насыпыр гуэгъу пхуэхъумэ - утхъэнущ, насыпыншагъэр уи натIэ - уIыхьэншэщ.

Алборэ Амир и етхуанэ текIуэныгъэ

МафIэсгъэункIыфIхэр «Зи IэщIагъэкIэ нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна мыгъэрей еплъыныгъэ-зэпеуэм и кIэух Iыхьэр зэфIэкIащ. Абы къыщыхахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм профилактикэ IуэхумкIэ гупым и унафэщI нэхъыфIыр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ