Жылагъуэ

Адэжь хэкум дызэрыпыщIа лъэмыж

Тыркум щыIэ Хасэ нэхъ зыхуей хуэзахэм ящыщу жыпIэ хъунущ Бандырма къалэм дэт Адыгэ Хасэр. Ар зи фIыщIэр щIалэгъуалэр зэгъэуIуауэ зэрыщызэдэлажьэр арагъэнщ. Хасэм и тхьэмадэ Уэрдым Ирфан къытхуиIуэтащ Хасэм щекIуэкI лэжьыгъэхэмрэ я Iуэху зэрыдэкIымрэ.

Шыгъу IэмыщIэ

КъэпIуэтэжын бэлыхьи хэлъкъым мыбы, ауэ дышхэу дунейм дытетыхукIэ шыгъур ди гъусэщи, слъагъухукIэ мыр сигу къокIыж.
Арати, зауэр щIидзэри, зеикъуэдэсхэр япэу зыхуэныкъуэхэм шыгъур ящыщ хъуащ. КъуажэкIэм деж Бахъсэн Iуфэ «Гъуамэжь» жари псы шыугъэ тIэкIу къыщыщIэжырти, абы къыхэпхыфыр уи Iыхьэт. Ар къагъавэрт, ягъэжэбзэжырти, хьэнтхъупс, шей сытхэм хакIэрт.

Иджы зэи узбгынэнукъым

Сыкъыщалъхуа Хэкужьым пэжыжьэу кудрэ сыпсэуащ. Си адэри куэд щIауэ слъэгъуатэкъым. Си къуажэжьри пщIыхьэпIэу куэдрэ слъагъут.

А махуэр фIыуэ сощIэж. Зэман куэд дэкIауэ, япэ дыдэу сыкъыщалъхуа пщIантIэм сыдохьэж. Согузавэ: «Дауэ сыIуплъэну пIэрэ си адэм? Сыт жесIэнур?». Уеблэмэ ар мыпсэужми сщIэркъым.

Сакъын зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэ

2022 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм 94-рэ щатхащ удзхэкI гъуам мафIэ щIэнауэ ису. МафIэсгъэункIыфIхэр зы жэщ-махуэм къриубыдэу апхуэдэ IуэхукIэ 24-рэ дэкIын хуей щыхъуа щыIащ.

ЗэфIэкI лъагэ зиIэ

Республикэм и щIалэгъуалэ куэд къэралым и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щытхъухэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну щIалэр - Саратов къалэм Травматологиемрэ ортопедиемкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и травматолог, хирург-ортопед, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Емкъуж Олег. Илъэс 16 хъуауэ ар мы IуэхущIапIэм щолажьэ, шэч хэмылъуи, а зэманым къриубыдэу лэжьыгъэ и пIалъэ хъарзынэу къищIащ икIи нобэ ар Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ дохутыру къалъытэ.

КъулыкъущIэ

КъулыкъущIэкъуу зы щIалэжь дэст къуажэ гуэрым. Мыплъыжь дыдэми, хуэплъыжьыфэу дипломышхуи зыIэригъэхьауэ иIэт Дизыкъуажэ. Езыр теплъэкIи дэгъуэт, сыт хуэдэ гуп яхэгъэхьи - утеукIытыхьынутэкъым.

Пасэрей цIыхум и хэщIапIэ

Неандерталец (палеонтроп) жыхуаIэ цIыху лъэпкъыгъуэр илъэс мин 600 и пэкIэ Европэм щыпсэуащ икIи илъэс мин 40-кIэ узэIэбэкIыжмэ икIуэдыкIыжауэ е нэгъуэщI лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ хуагъэфащэ. Абыхэм я хьэдэ къупщхьэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ ди щIыналъэм зэи зыри щрихьэлIатэкъым нобэр къыздэсым, ауэ Зэикъуэ къуажэ щыIэ бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым иджыблагъэ къыщагъуэтащ неандерталецым и къупщхьэ…

Мэздэгу адыгэхэм я хабзэхэр сыт хуэдэ?

Лъэныкъуэ куэдкIэ зыбужьыну ухуеймэ, ди зэманым апхуэдэ IэмалыфIхэр щыIэщ, икIи ахэр къэзыгъэсэбэп щIалэгъуалэри ди мащIэкъым.

Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и псэу зэрыщытыр ныбжьыщIэхэм зыхезыгъащIэ

Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Нот Зое илъэс куэд хъуауэ мэлажьэ зэгуэр къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу. И IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр зэрыщиIэм и щыхьэтщ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащар.

Гупсысэ хьэлъэхэм зевмыгъэубыд

Профессорым псы зэрыт Iэгубжьэр къищтэри, студентхэм еупщIащ:

- Мы Iэгубжьэм и хьэлъагъыр сыт хуэдизу пIэрэ?

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ