Жылагъуэ

Псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм защIэгъэкъуэным пыщIа Iуэхухэм хэплъащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIащ КъБР-м и Прави­тельствэм и зи чэзу зэIущIэ.

«Таврида. АРТ»-м Налшык щыщ пщащэ хэтынущ

ШыщхьэуIум и 15-19-хэм  Кърым щекIуэкIынущ  «Таврида. АРТ» фIэщыгъэм щIэт фестиваль гъэщIэгъуэн.  Абы щызэхуашэсынущ  модэм, джазым, уэрам  театрым, иджырей гъуазджэм я лэжьакIуэхэмрэ КВН гупхэм я лIыкIуэхэмрэ.

 КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ,  а зэхыхьэм нэхъ Iуэху ину щрагъэкIуэкIынухэм ящыщщ иджырей гъуазджэм и фестивалыр. Абы хэту    щIыбым гъэлъэгъуэныгъэхэр щащIынущ, галерея къыщызэIуахынущ.

ТекIуэныгъэм и уэрэдхэр

Куржы Къэрал советым и дзэр Абхъазым къызэрытеуэрэ илъэс тIощI щрикъум дунейм къытехьауэ щытащ «Ди ТекIуэныгъэм и уэрэдхэр» фильмыр. Ар тезыхар илъэс куэдкIэ Абхъаз къэрал телевиденэм щылэжьа, зауэ корреспонденту щыта Ходжавэ Эммэщ (зыгъэувар Дзедзария Тимурщ, режиссер-операторыр Кучуберия Тимурщ).

Егъэджэныгъэм и япэ лъэбакъуэхэр

Къалащхьэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, 1859 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ япэ школхэр. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я устав» дэфтэрыр. Апхуэдэ гулъытэ щIэныгъэм ирата нэужь, еджэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ.

 

Эшерэ дэт кхъащхьэмрэ музеймрэ

Абхъазым и щыгъуэ махуэм мыхьэнэшхуэ зрат зы щIыпIэ иIэщ республикэм. Ар дэтхэнэ зы абхъазым дежкIи лъапIэу къалъытэ.  Зи гугъу тщIыр  АР-м и япэ Президенту щыта, лъэпкъ лIыхъужь Ардзинбэ Владислав щыщIалъхьа щIыпIэрщ - Сыхъум пэмыжыжьэу щыIэ Эшерэ Ищхъэрэ къуажэм дэтщ.

Илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу

«ШIэныгъэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу, Бахъсэн и «Кооператор» хьэблэм школакIуэу 1224-рэ зыщIэхуэн школ щаухуэ.

Къатищу зэтет унэм метр зэбгъузэнатIэ мин 26-рэ и инагъщ. Школым хэтынущ цIыху 560-рэ зыщIэхуэ пэшышхуэ. Абы хэтынущ къэфапIэ, музыкальнэ Iэмэпсымэхэмрэ фащэхэмрэ я хъумапIэ, зытIэщIыпIэ, зытхьэщIыпIэ, спортпэшу тIу.

Анэхэм я нэпсыр гъущакъым

1992 гъэ… ШыщхьэIум и 14… - Абхъаз Республикэм и тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэщ, гуIэгъуэрэ бэлыхькIэ гъэнщIауэ… Илъэс 30 и пэ, а махуэм Куржы Къэрал советым и дзэр Абхъазым къытеуауэ щытащ.

Лыр щыфшхкIэ фысакъ

Трихинеллёз узыр къегъэхъей лы зэIыхьам, Iэщ сымаджэм ейм къыхэщIыкIа ерыскъыхэр шхыным. Абы цIыхур ныкъуэдыкъуэ щищIи щилIыкIыпи щыIэщ.

А узыфэр Iэщышхуэм и лым къызэрыхэкIыр къэплъытэмэ, зэуэ цIыху зыбжанэ сымаджэ зэрыхъур гурыIуэгъуэщ. Ар цIыхум зэрыпкърытыр къыщыпщIэр Iэщ сымаджэм ил зэIыхьар зэрашхрэ махуи I0-20 хуэдэ дэкIа иужьщ. Абы къыхэкIыуи сымаджэр зыгъэщхьэжагъуэр зэуэ къахуэщIэркъым. Тхьэмахуэ ипэкIэ е нэхъапэжкIэ пшха ерыскъым зыгуэр къуищIэнкIэ хъуну абыхэм хуагъэфащэркъым.

Нэхъыжьхэми я ныбжьым зехъуэж

 Финляндием къыщыдэкI «Илта-Саномат» («Пщыхьэщхьэ хъыбархэр») газетыр топсэлъыхь цIыхур пенсэм кIуэуэ лэжьыгъэм къыщыпэрыкI ныбжьым зэрызихъуэжым. Ар елъытащ щIыналъэм сабийуэ къыщIэхъуэм и бжыгъэм хэщIын зэрыщIидзэм, цIыхур зэрыпсэу хабзэ илъэс бжыгъэм зэрыхэхъуэм, къинэмыщIхэм. 

Илъэс тIощIкIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ республикэм щыщитIым я щIэпхъаджагъэр. 
Яубыдахэр щыпсэу щIыпIэхэр къыщаплъыхьым къагъуэтри къытрахащ полимер зэкIуэцIылъ 23-рэ пакети 3-рэ. Абыхэм «героин» наркотикхэкI грамм 887,5-рэ илът. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIыну я мурадт.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ