|
Жылагъуэ
30 января, 2019 - 05:05
2018 гъэм «Кавказ Ищхъэрэ МРСК» ПАО-м и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм электрокъарууэ къыIэрыхьащ киловатт-сыхьэт зы мелардрэ мелуан 525-рэ мин 209-рэ. Илъэсым кърикIуахэм ятепщIыхьмэ, электросетхэм токыу щыкIуэдыр 2017 гъэм елъытауэ процент 0,21-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ.
25 января, 2019 - 05:10
Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум епхьэлIэмэ сэбэп е зэран зэрыхуэхъум. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр, узыфэ шынагъуэхэм зэрызыщахъумэ, зэрызагъэхъуж Iэмалхэр зыгъэбелджылар.
25 января, 2019 - 05:09
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэ 1935 гъэм ар къыщалъхуащ. КъБКъУ-р къиуха иужь тхыдэмкIэ къуажэ школым щригъэджащ, 1974 гъэм щыщIэдзауэ пенсэм тIысыжыху КъБКъУ-м щылэжьащ.
Щоджэн Леонид и къалэмыр нэхъыбэу зыхуигъабзэу щытар сабийхэращ. Абы и къуажэхьхэмрэ усэ кIэщIхэмрэ удамыхьэхын плъэкIынутэкъым.
25 января, 2019 - 05:08
Лъы мыкIуэу цIыхум и Iэпкълъэпкъым зы щIыпIэ закъуэщ иIэр - и нэщIыIуфэр (роговица глаза). ЦIыхум и нэр щызэтехам деж нэщIыIуфэм хьэуар лъоIэсри, апхуэдэу къыIэрыхьэ кислородым ирокъу, лъынтхуэ емыкIуалIэми.
18 января, 2019 - 05:08
Гулъытэ
КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и Управленэм адэкIи пещэ я узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу унэм нэхъ щIэс цIыхухэм къэрал Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэным. Абыхэм зыхуеину тхылъхэр я унэм кIуэурэ щрат.
11 января, 2019 - 08:00
ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкI цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?
11 января, 2019 - 05:05
Уэрэдус Жылау Арсен и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу
Уджпыху макъамэм хэунэзыхьа екIэпцIэ мэзым жьэрэжьэжу зипхъэхыурэ фокIадэ IутIыжым зыкIэлъиший щхьэкIэ, дэнэт! «Пщащэ дахэ - щIалэгъапцIэщ» жыхуаIэрати, Бахъсэныжь и хъурыфэ куэщIым зрегъэщатэри зи кхъуафэ исым и уэрэд къришурэ фокIадэ уджыр аузым докIуэсэж.
11 января, 2019 - 05:05
Дунейм ехыжащ пщIэшхуэ зыхуэсщI, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ, щIэныгъэлI гъуэзэджэ, физикэ-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Дунейпсо Адыгэ Академием и президент, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, цIыху щэджащэ, ныбжьэгъу пэж Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэр.
28 декабря, 2018 - 07:00
Урысейми хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI, КъШР-м щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я союзым и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр Iуэху дахэ куэдкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къеблагъэ зэпытщ.
Страницы
|