Лэжьыгъэ IуэхукIэ Iэпхъуэшэпхъуэныр пасэ зэманхэми щыIащ. АбыкIэ щыхьэтщ археологие щIэныгъэм ирилажьэхэри. Италием и къалащхьэм дэт кхъэлъахэжь зыбжанэу I-III лIэщIыгъуэхэм къагъэунэхуахэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIым, щIэныгъэлIхэм хьэдэ къупщхьэу I05-рэ къыщагъуэтэжащ.
ШыщхьэуIум и 1-р Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэщ
Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Налшык дэт «Трэк» шхапIэм щагъэхьэщIащ Зи хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэмрэ гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм щыIэну ныбжьыщIэ цIыкIухэмрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм Iэ зыщIидза «ЕджакIуэхэм я Урысейпсо олимпиадэхэм къыхэжаныкIахэм, щIыналъэ олимпиадэхэм щытекIуахэм, анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэхэмкIэ екIуэкI хэгъэгу зэхьэзэхуэхэм КъБР-м и Iэтащхьэм саугъэтхэр зэрыхуагъэфэщэну щIыкIэм теухуауэ» унафэр КъБР-м и Iэтащхьэм и сайтым иджыблагъэ кърагъэуващ.
Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Налшык къалэ щиIэ къудамэм и Жылагъуэ советым ди щIыналъэм ит зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щызэфIагъэувэж IуэхущIапIэхэмрэ зыщызыгъэпсэху сабийхэм яIущIэныр, япсэлъылIэныр, уэршэр купщIафIэхэр драгъэкIуэкIыныр хабзэ дахэу къадогъуэгурыкIуэ. Дызэрыт илъэсми Жылагъуэ советым сабийхэр и гулъытэ щигъэщIакъым.
Мэкъумэш IэнатIэ
Иджыблагъэ «Губгъуэм и махуэ-2021» фIэщыгъэм щIэт семинар-зэIущIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щекIуэкIащ. Ар нэхъыбэу зытраухуар кIэртIоф жылапхъэфIхэр гъэхьэзырынырщ.
Мелуаниблым зэрынэхьэсу къалъытэ адыгэ лъэпкъыр нобэ къэрал 50-м щIигъум щопсэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм шыщхьэуIум и 1-м Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэ.
Адыгэ республикэм щапхъэ пщIыну щхьэпэ Iуэхушхуэ къыщаIэтащ.