|
|
Жылагъуэ
4 мая, 2022 - 09:04
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм «Дыдейхэм дакъуэтщ» зыфIаща сурэт гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахащ.
3 мая, 2022 - 07:52
Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр былымыл нэхъ щабэщ. ЛыпцIэр яупщIатэ и кIыхьагъыр см 11 - 12, и бгъуагъыр - см 6, и Iувагъыр - см 2 - 2,5-рэ хъууэ. Ахэр фалъэм иралъхьэ, шыгъу, шыбжий халъхьэ, бжьыныщхьэм ипс къыщIэкъузыкIар хакIэри, фIыуэ зэIащIэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъэ 20 - 25-р хуэдизкIэ щIыIапIэ щагъэтщ. ИтIанэ лы Iыхьэхэр я кIыхьыпIэмкIэ дзасэм фIаIури дэпкIэ ягъажьэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ. ЩагъажьэкIэ мэлыщэ гъэвэжа щахуэ, нэхъ тхъуэплъ, дахэ хъун, мэ дахэ къыкIэрихын щхьэкIэ. Лы жьар дзасэм къыфIахыжри тепщэчым иралъхьэ. Бжьын цIынэ гуэплъхьэми хъунущ.
1 мая, 2022 - 09:00
Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Къунакъ» лъэпкъ проектым и мыгъэрей лэжьыгъэр иригъэжьащ. Гъэм и нэхъ щIэрэщIэгъуэ гъатхэм ирагъэкIуэкIыну мурад ящIа Iуэхум иджы хэтщ щIалэ 18, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм (адыгэхэм, балъкъэрхэм, урысхэм, тыркухэм, азербайджанхэм, нэгъуэщIхэми) ящыщу. Ахэр ди республикэм и районхэм къыхашащ.
1 мая, 2022 - 07:35
2010 гъэм, Адыгэ ныпыр зэрыщыIэрэ илъэси 180-рэ щрикъум ирихьэлIэу, дауэдапщэ иращIэкIауэ щытащ. Абы щегъэжьауэ, илъэс къэс, мэлыжьыхьым и 25-м ныпым и махуэр лъэпкъым егъэлъапIэ.
30 апреля, 2022 - 14:55
Накъыгъэ махуэшхуэхэр къоблагъэ. ЦIыхухэм я нэхъыбэм а зыгъэпсэхугъуэхэм иджыпсту щыщIэдзауэ зыхуагъэхьэзыр. Хэти бгылъэ щIыпIэхэм кIуэуэ зыщиплъыхьыну треухуэ, хэти щыхьэрым дэт нэгузыужьыпIэхэм зыщигъэпсэхуну егъэпс.
30 апреля, 2022 - 09:28
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу ислъам диныр щызекIуэ дунейм пщIэшхуэ зыщыхуащI махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ НэщIикIыж хьиду Рэмэдан мазэр зэриухам щыхьэт техъуэмкIэ.
А махуэшхуэр и дамыгъэщ псэкупсэ фIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэу къэтлъытэхэу гущIэгъум, гуапагъэм, фIымрэ захуагъэмрэ я телъхьэу цIыхур зэрыщытым. А фIыгъуэхэр ди щэнхабзэм, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ я Iыхьэ инщ.
30 апреля, 2022 - 09:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
29 апреля, 2022 - 17:55
Накъыгъэм и 1-р Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэщ
29 апреля, 2022 - 17:10
Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм письмо зэхуатхыу щытащ. Дзэ Плъыжьым ираджахэм я адэ-анэхэм, щхьэгъусэхэм, къуэшхэм, шыпхъухэм, Iыхьлыхэм я хъыбар къызэращIэр письмот. Сэлэт письмохэр блэкIа зэманым и фэеплъ хъуахэщ икIи ахэм уакъыщеджэкIэ IупщIу уи нэгу къыщIагъэхьэ зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэр, хьэзабрэ гузэвэгъуэу ди цIыхухэм ятелъар, я гупсысэхэр зытеухуауэ щытар.
Куэд яхэтакъым ди цIыхухэм зи гъащIэр дзэ къулыкъум траухуэн мурад яIэу. Ауэ фашистхэр къыщыттеуэм мэкъумэшыщIэхэр, курыт еджапIэр къэзыухагъащIэхэр, класс нэхъыщхьэхэм щеджэхэр сэлэт хъуахэщ.
29 апреля, 2022 - 13:30
Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм и япэ мазищым я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа, къапэщыт къалэныщIэхэр щаубзыхуа зэIущIэ.
Страницы
|