|
|
Жылагъуэ
22 апреля, 2022 - 14:36
Лъы зытым и махуэм Налшык къалэм щекIуэкIа псапащIэ Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэри. Апхуэдэ Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщащ республикэм и районхэми.
22 апреля, 2022 - 13:33
Мэлыжьыхьым и 22-м ди къэралым и щIыналъэ куэдым щагъэлъапIэ революционер, публицист, совет политикэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, дунейпсо тхыдэм щыяпэу социалист къэрал – СССР – къызэзыгъэпэща Ленин (Ульянов) Владимир къыщалъхуа махуэр.
22 апреля, 2022 - 12:25
«Гум къыбгъэдэкIыу» акцэм хыхьэу икIи Лъы зытым и махуэр Урысей щыщагъэлъапIэм ирихьэлIэу УФ-м и Лъэпкъ гвардием и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм лъы ятащ щIыналъэм и медицинэ IэнатIэхэу абы хуэныкъуэхэм папщIэ.
22 апреля, 2022 - 08:57
Ди республикэм и пщIэр лъагэу зыIэта, щIэныгъэ Iуэхум хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа профессор цIэрыIуэ МэкIэтIей Абдулэхь псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.
22 апреля, 2022 - 06:06
«Къалэ кIуэцIхэр зэIузэпэщ щIын» лъэпкъ проектым хиубыдэу Дыгулыбгъуейм и Бахъсэн уэрамыр къагъэщIэрэщIэж.
Къэбэрдей - Балъкъэрыр илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ яубла Iуэхум ипкъ иткIэ бетон къэухьхэр Iуахащ, лъэс зекIуапIэу метр зэбгъузэнатIэ 2500-м плиткэ иралъхьэнущ, 4557-р асфалъткIэ къращIыкIынурэ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэну урнэхэмрэ щагъэувыжынущ. Сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зыгъэпсэхупIэу щытыну щIыпIэхэр зыхуеину псомкIи къызэрагъэпэщынущ, жыгыщIэхэр щыхасэнущ.
Лэжьыгъэ псори фокIадэм нэмысу зэфIагъэкIын хуейуэ щытщ.
21 апреля, 2022 - 12:04
Мэлыжьыхьым и 19-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «НАТО. ГущIэгъуншагъэр къэзыгъэлъэгъуэж» гъэлъэгъуэныгъэр.
Абы къыщыхьа дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ топсэлъыхь НАТО-р хэту дуней псом щекIуэкIа зэныкъуэкъуныгъэхэм - 1940 гъэхэм къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху.
Гъэлъэгъуэныгъэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшащ, Америкэр Хиросимэрэ Нагасакирэ зэрызэтрикъутауэ щытам, США-мрэ абы и Iуэху еплъыкIэхэр дэзыIыгъхэмрэ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и ужькIэ СССР-м теуэну зэрагугъам щытепсэлъыхьу.
21 апреля, 2022 - 12:00
Тыркум щыIэ Чорум къалэм и Iэшэлъашэхэм шэрджэс къуажэу 32-рэ щыIэщ (шапсыгъ къуажэу 10, беслъэнейуэ 8, абэзэхэу 8, натыхъуейуэ 3, къэбэрдейуэ 2, абазэу I). Мы щIыпIэм адыгэу мин 24-рэ щопсэу.
Киркделим (Анжыкъуей) беслъэней къуажэр километр 20-кIэ пэжыжьэщ Чорум. Абы адыгэу 130-рэ щопсэу: Агъыржанокъуэхэ, Шыгъурхэ, Хьэвхэ, Джатэрывэхэ, ДыщэкIхэ, Хьэгъэжейхэ, Дэхъушокъуэхэ, Хьэмкъутхэ, Молэныкъуэхэ, Мамышхэ, Щынахъуэхэ, Хъурейхэ, Адзынхэ, АфэщIыжхэ, Къулыкъуэхэ, Чичэхэ. Я анэдэлъхубзэр жылэм дэс псоми ящIэ.
20 апреля, 2022 - 12:44
«Полк уахътыншэ» урысейпсо Iуэхур зэраубзыхуауэ щытам хуэдэ дыдэу мы гъэм ирагъэкIуэкIынущ. ЦIыхухэр я уэрам нэхъыщхьэхэм ирикIуэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда я адэшхуэхэм, Iыхьлыхэм я сурэтхэр яIыгъыу.
Абы иджыблагъэ тепсэлъыхьащ «Урысейм и полк уахътыншэ» ООД-м и штаб нэхъыщхьэм и унафэщIхэм ящыщ, генерал-полковник, Георгий Щихъым и орденым и IV нагъыщэм и кавалер Макаров Сергей.
«ЦIыхухэм хъыбарыфIкIэ дадэгуэшэну дыхуейщ «Полк уахътыншэр», хабзэм тету зэрекIуэкIынур яжетIэу», - къыхигъэщащ абы.
20 апреля, 2022 - 10:08
Уэшх къешхыу щIалитI гъуэгум ирикIуэрт. УэрамдэкI гуэрым нэсауэ хуэзащ гъуэгум ирижэ псыхьэлыгъуэм зэпрымыкIыф хъыджэбзым. Зы щIалэм ар псы шэдым зэприхащ. Я гъуэгу теувэжа нэужь мыдрейр щымт, зыгуэрым егупсысу. Хуэмышэчыжу япэм ехъурджэуащ.
19 апреля, 2022 - 10:06
Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэ дыдэр къызэхъулIа цIыху насыпыфIэхэм ящыщ Едыдж Нихьаи.
Страницы
|