|
|
Жылагъуэ
18 апреля, 2022 - 11:59
Урысей Федерацэм КъэхъукъащIэ шынагъуэхэмкIэ и министерствэм (МЧС-м) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и Iэтащхьэ Надежин Михаил и унафэм щIэту, мэлыжьыхьым и 14-м Налшык къалэ къедза щIыпIэм щрагъэкIуэкIащ щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт унэхэр, экономикэмрэ мэкъумэшымрэ егъэщIылIауэ дэнэкIи щыIэ ухуэныгъэхэр мэзхэмрэ тафэхэмрэ къыщыхъей мафIэсхэм ящыхъумэным хуэгъэза зыгъэсэныгъэхэм я 3-нэ Iыхьэр. Iуэхум хэтащ республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэри.
17 апреля, 2022 - 13:44
Бухгалтер АфэщIагъуэ Джамилэ дэрбзэр IэщIагъэм езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, уеблэмэ «SaiJamin» зыфIища и фэилъхьэгъуэхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы цIыхубз бостейм хьэзырхэр тету игъэхьэзыра лэжьыгъэхэр щигъэлъэгъуэну хунэсащ Mercedes-Benz Fashion Week Russia выставкэм. Абы утыку кърихьа щыгъынхэр къытрадзэжащ L’Officiel (урысей), Vogue (итальян) журналхэм.
17 апреля, 2022 - 11:41
Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и дипломат ГъукIэ Замудин и «Адыгэ къамыл» тхылъышхуэм лъэтеувэ щращIэкIащ Сэралъп Мадинэ и арт-центру Налшык дэтым. Тхылъыр къаIэрыхьэну хуейуэ дунейм къытехьэн ипэ и уасэр хэзылъхьахэм щIэныгъэлIыр щаIущIэ пшыхь гуапэт ар.
17 апреля, 2022 - 09:28
Налшык и Макъамэ театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2022» урысейпсо фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.
16 апреля, 2022 - 14:55
Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щыхуэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор. Псалъэмакъыр теухауэ щытащ ди щIыналъэм и курыт еджапIэхэр къэрал къэпщытэныгъэхэм зэрыхуэхьэзырым.
16 апреля, 2022 - 11:41
Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ къэкIуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий. Ар яхуэзащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм кърашауэ узыншагъэр щызэтрагъэувэж «Лъэгъупыкъу» («Радуга») республикэ сабий центрым зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и гъусэу, къэрал къулыкъущIэм ныбжьыщIэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм щыгъуазэ зыхуищIащ, сабийхэм я гъусэ гъэсакIуэхэм, центрым и IэщIагъэлIхэм епсэлъылIащ.
15 апреля, 2022 - 14:30
КъБР-м и Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм «Нетрезвый водитель» зи чэзу рейдыр щрагъэкIуэкIым зы жэщым къриубыдэу къыщIагъэщащ цIыху 50-м нэблагъэм автомобилыр зегъэкIуэным теухуа хабзэр къызэрызэпаудар.
15 апреля, 2022 - 14:17
Налшык и Къэбэрдей уэрамым и теплъэр ефIакIуэ зэпытщ. Абы тет унэхэм яхэткъым тхыдэ фэеплъхэм хамыбжа куэд. Абыхэм ящыщщ сабий музыкальнэ школ № 2-нэм и унэри.
1903 гъэм къатитIу зэтету яухуа чырбыш плъыжь унэм уэрам зэхэкIыпIэм и лъэныкъуитIри зэхуэдэу къызэщIеубыдэ, езым и пасэрей архитектурэ теплъэ екIуи иIэжщ. « Щэнхабзэ » лъэпкъ проектым хиубыдэу ар зэрагъэпэщыжынущ, нобэм къэса и теплъэри яхъуэжынукъым.
Пэшхэр зэхагъэхьэжурэ нэхъ ин ящIынущ, унэ лъэгухэр зэрахъуэкIынущ.
15 апреля, 2022 - 14:00
Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм щрагъэкIуэкIащ суд зытращIыхьа, ауэ зи тезырыр тутнакъэщым имысу япшыныжыну хуит ящIахэр зыхэта Iуэху. Ар теухуат экстремизм, терроризм щIэпхъаджагъэхэм ахэр хэмыпщIэным.
15 апреля, 2022 - 13:35
«Зэманым декIур лIыфIщ», - жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Ар бзылъхугъэм ехьэлIамэ, къыхэгъэщыпхъэщ нобэ абы и къалэнхэм зэрызаубгъуар, иджырей зэманым жыджэру хэту зэрыдекIуэкIыр. Жьэгур зыгъэхуабэ, лъэпкъыр зыгъэбагъуэ унэгуащэхэм, щхьэгъусэхэм, анэхэм иджы яхэтщ къэрал къулыкъущIапIэхэм щылажьэхэри, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым Iуэху щхьэпэ щызэфIэзыххэри.
Страницы
|