Жылагъуэ

Сабийхэм я псантхуэм щабэу йоIэзэ

НыбжьыщIэхэм я псантхуэм еIэ­зэ Хъыдзэ Лаурэ куэдым яцIыху. И щIэныгъэм, Iэзагъым, гущIэгъум щыхьэт тохъуэ зи бын абы деж езыша­лIэ адэ-анэхэр. ЦIыкIухэм япы­щIа дэтхэнэ IэщIагъэми нэхъыщхьэу хэлъыр сабийр фIыуэ плъагъунырщ.

ИлъэсищэкIэ япэ уплъэмэ...

И  IэщIагъэр  гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу илъэс 40-м нэб­лэ­гъауэ егъэджэныгъэ-гъэ­сэ­ныгъэ IэнатIэм пэрытщ Бахъсэн къалэ дэт курыт школ №1-м и егъэджакIуэ пашэ Шорэ (Быф) Лизэ Хьэбас и пхъур.

Лъэпкъыр зэрыпагэ

Къэралым и космонавтикэм псэемыблэжу телэжьа адыгэ бзылъхугъэм и цIэм щыгъуазэр мащIэ дыдэт... 

И дуней тетыкIэмкIэ щапхъэ

Бзылъхугъэм гъащIэм щигъэзащIэ мыхьэнэм и инагъыр къып­хуэ­мылъытэным хуэдизщ. ТхакIуэ дапщэ тетхыхьами, усакIуэ дапщэм усэбзэ дахэкIэ къаIуэтами, иджыри нэсу жаIэфауэ къыщIэкIынкъым цIыхуб­зым и уасэмрэ и пщIэмрэ. ИтIани, куэд къызэщIиубыдэу IутIыж Борис жиIэфауэ къысщохъу мыр: «ЦIыхубзыр ар цIыху тхьэпэлъытэщ, КъэзыгъэщIыфу къигъэщIащ». Ар шэч къызытумыхьэжынщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз лъапIэхэ!
Сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэмкIэ - ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ!
А махуэм дэ дызэкъуегъэувэ, цIыхубз-анэм, гъащIэм Iэпэгъуу щыдиIэ бзылъхугъэм, унагъуэ жьэгум и хъумакIуэм пщIэшхуэрэ фIы­щIэ инрэ яхуэтщIын папщIэ. Фэ фи фIыгъэ куэд хэлъщ дэ нэхъ къа­рууфIэ дызэрыхъум, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэным дызэ­рыхущIэкъум.

Жыгхэр щIрахым и щхьэусыгъуэр

Иужьрей зэманым къалэ уэрамхэм щыдолъагъу гъуэгу Iуфэм Iут жыгхэр ирахыу, я щхьэкIэр пахыу. Къа­лэдэсхэр абыкIэ арэ­зыкъыми, «сыт ди бынхэр зэрыбэуэнур, къалэр жы­гыншэ ящIмэ?», - жаIэу Интернетым щызэхуотхьэу­сыхэж. Сыт-тIэ, жыгхэр къыщIратхъыжыр?

«Сариа»

УсакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и пьесэм къытращIыкIа спектакль щагъэуващ Абхъаз къэрал драмэ театрым.

­Режиссерыр Аргун Мадинэщ, спектаклым сурэтхэр хуэ­зыщIар Цвижбэ Нодарщ, абхъазыбзэкIэ зэзыдзэкIар Хаджимбэ Иннэщ.
Пьесэр теухуащ Абхъазым и политик лэжьакIуэу, и унафэщIу щыта Нестор Ла­коба (1892 - 1936 гъгъ.) и щхьэгъу­сэ Сариа и гъащIэм. Ар ягъэтIысауэ щытащ, ягъэкIуэда и щхьэгъусэр «лъэпкъым и бий» зэращIыр яхуидэртэкъыми. Бзылъхугъэр тхыдэм хыхьащ къабзагъэмрэ пэжыгъэмрэ и фащэу.
 

Къуаншагъэр зэрагъэзэкIуэж IэмалыщIэ

Урысей ФСИН-м илъэситху хъуауэ къегъэсэбэп зэхащIыхьа щIэпхъаджагъэр зэхагъэкIыу суд унафэкIэ тезыр зыт­ралъ­хьахэм я къуаншагъэр лэжьыгъэкIэ егъэпшыны­жы­ным хуэунэтIа Iэмалыр. Федеральнэ IэнатIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм егъэ­щIылIа апхуэдэ центр ди рес­публикэми щыIэщ.

Мэлгъэбэгрэ Мэздэгурэ щахъумэм...

115-нэ шу дивизэм и цIэр зезыхьэ Налшык лъыхъуа­-­кIуэ гупым хэтхэм Курп Ипщэ яхъумэу иIэ щIыпIэ хэхам (КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм епхащ) и лэжьакIуэхэр я ­гъусэу, иджыблагъэ къуажэм и ипщэ-къуэкIыпIэ ­гъунэмкIэ хуэзэу зауэлIищым я къупщхьэлъапщхьэхэр къыща­гъуэтыжащ. 

Асфальтыр узыншагъэмкIэ зэранщ

Зи бжыгъэр зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэм ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкъырыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шына­гъуэжщ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ