|
|
Жылагъуэ
16 декабря, 2020 - 05:25
КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм «Си бзэ - си псэ, си дуней-2020» республикэ зэпеуэм щытекIуахэр щагъэлъэпIащ. Илъэс 20-м щIигъуауэ екIуэкI зэпеуэм хэтащ цIыху мини 5 хуэдиз. Школхэм, еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я зэпеуэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшауэ щытащ. Ахэр бзэр хъумэным, щIэблэр лъэпкъ хабзэм, литературэм, гъуазджэм, тхыдэм щIэпыкIыным хуэунэтIат. Ныбжь зэхуэмыдэхэм ит куэд гупсысэкIэ зэришэлIащ абы.
16 декабря, 2020 - 05:22
Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэхэм IэнатIэм и ветеранхэр я гъусэу иджыблагъэ щыIащ Ислъэмей къуажэм и курыт школ №1-м. Хэкум и ХъумакIуэхэм я махуэм теухуауэ абыхэм еджакIуэхэм драгъэкIуэкIа дерсыр къызэрагъэпэщат «Урысей гвардиер ЛIыхъужьхэм ятеухуауэ» Iуэхум хыхьэу.
9 декабря, 2020 - 05:35
Куэдым яцIыху актёрхэу Кулиев Алимрэ Жэман Iэминэрэ иджыблагъэ спектакль гъэщIэгъуэн ягъэуващ. Stephanie Feury Studio Theatre камернэ пэш иным абыхэм утыку къыщрахьащ «ЛIэныгъэм зэпэIэщIэ дищIыху» фIэщыгъэм щIэт теплъэгъуэ. Абы и режиссёрри продюсерри Алимщ, спектаклыр ди зэманым хуэкIуэу зыгъэхьэзырар Iэминэщ.
9 декабря, 2020 - 05:32
НУРМАГОМЕДОВЭ
Ларисэ Казымагомед
и пхъур
ГущIыхьэ тщыхъуауэ хъыбар фыдогъащIэ сурэтыщI зэчиифIэ Нурмагомедовэ Ларисэ Казымагомед и пхъур дунейм зэрехыжамкIэ.
9 декабря, 2020 - 05:05
«Russiа Todаy» телеканалымрэ «Sputnik» дунейпсо хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэмрэ я редактор нэхъыщхьэ Симоньян Маргаритэрэ журналист Рогаткин Александррэ трахащ «Беслан» документальнэ фильмыр. Абы лъабжьэ хуэхъуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэм хыхьэ Беслъэн къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м 2004 гъэм фокIадэм и 1-м къыщыхъуа гузэвэгъуэр.
4 декабря, 2020 - 05:32
Сом мини 160-рэ и уасэ
Урысей МВД-м и управленэу Налшык къалэ округым щыIэм и полицэм и къудамэ №2-м и лэжьакIуэхэм къалащхьэм и бэзэрхэм ящыщ зым къэпщытэныгъэхэр щыщрагъэкIуэкIым «Форд Транзит» автомашинэм иту къагъуэтащ спирт зыхэт продукцэ. Абы хабзэм къигъэув маркэ хэхахэр теттэкъым.
2 декабря, 2020 - 05:00
Истамбыл пэгъунэгъу «Адам-пол» зыгъэпсэхупIэм щызэрихьэлIащ Къущхьэ Догъэн, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Чурей Алий, Шыгъушэ Хъусен, Хьэткъуэ Нэжэт сымэ. Сурэтыр НэщIэпыджэ Замирэ трихащ. 2014 гъэ

27 ноября, 2020 - 05:15
Запасым щыIэ полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт.
КъБР-м ЩIалэгъуалэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, МЧС-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Союз народовластия и труда» урысейпсо политикэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ, полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт нобэми жыджэру мэлажьэ, и къэухьым, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу зэпыту.
25 ноября, 2020 - 05:15
Иорданием и пащтыхь гуащэ Рание гулъытэрэ гуапагърэ зыхэлъ бзылъхугъэщ. Абы фIэфIщ къэралым ис цIыхухэм яхыхьэну, епсэлъэну, я гурыгъу-гурыщIэхэр зригъащIэурэ ядэIэпыкъуну.
18 ноября, 2020 - 05:15
«Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.
Страницы
|