|
|
Жылагъуэ
28 июля, 2021 - 10:27
«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм хэтхэм зэIузэпэщ ящIащ Налшык къалэм дэт курыт школ № 10-м къедзылIа щIыпIэр. Ар къызэIуахащ бадзэуэгъуэм и 23-м.
28 июля, 2021 - 09:30
«Каникулы с Общественным советом» Урысейпсо акцэм хыхьэу «Вершина» санаторэм къыщызэIухащ «Лидер» сменэм и етIуанэ Iыхьэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, загъэпсэхуну, гъэ еджэгъуэщIэм щищIидзэжым ирихьэлIэу къару зрагъэгъуэтыну мыбы къэкIуащ республикэм и куей зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа школакIуэ 50.
27 июля, 2021 - 13:17
ЩIэныгъэлIхэм илъэс куэдкIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуащи, бжьэхэри, хьэхэм хуэдэ дыдэу, пхуегъэсэнущ, афиянхэкIхэмрэ къагъауэ Iэмэпсымэхэмрэ къалъыхъуэу.
27 июля, 2021 - 11:55
Гундэлэндэсхэр хуабжьу щогуфIыкI я жылэм щекIуэкI ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм. Ахэр ухуакIуэхэм зэфIахащ, къыхуагъэува пIалъэр къэмысу.
27 июля, 2021 - 07:23
Илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ Хеопс и пирамидэр. Ар Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ.
26 июля, 2021 - 13:44
Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед иджыблагъэ ЩIыхь тхылъкIэ игъэлъэпIащ зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа, Лэжьыгъэм и ветеран Щомахуэ Бесэ Мухьэжир и къуэр. Iэтащхьэм къыхигъэщащ ар илъэс куэдкIэ и гуащIэ емыблэжу зэрылэжьам, Тэрч щIыналъэм ветеринарнэ IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам къызэрыпэкIуар.
26 июля, 2021 - 13:43
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис щыIащ Советскэ къуажэм дэт КъБР-м щыIэ УФСИН-м и КП-5-м и УФИЦ-м икIи щыгъуазэ зищIащ лъэщыгъэкIэ ягъэлажьэу тезырыр езыхьэкIхэр щаIыгъхэр къызэрызэгъэпэщам.
25 июля, 2021 - 10:58
Мы гъэм япэу къызэрагъэпэща Лъэпкъ видеонэтынхэмкIэ «МЫ» урысейпсо зэпеуэм фрагъэблагъэ.
25 июля, 2021 - 08:54
«Курорт - 2021» фIэщыгъэм щIэту Прохладнэ гъущI гъуэгу станцым Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ.
24 июля, 2021 - 08:38
Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу кърикIуахэр щызэхалъхьэжым, наIуэ къэхъуащ ди цIыхухэм абдежым щахъумэ ахъшэр сом меларди 7,4-м зэрынэблэгъар.
Страницы
|