Жылагъуэ

Дахагъэр къыщежьэр цIыхугурщ

Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Беслъэней жылэм къыщалъхуащ, Черкесск къалэм щопсэу Абыдэ (Уэхъутэ) Ася. Абыдэ Ася Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Черкес гъуэгу» газетым и лэжьакIуэщ.

Жьыр щыкIэрахъуэ щIыпIэ зэпэщимэр

Бермуд зэпэщимэр Атлантическэ тенджызым и зы щIыпIэщ, Флоридэ, Бермуд хытIыгухэр, Поэрто-Рико щIыпIэхэмкIэ и гъунапкъэхэр гъэбелджылауэ. Бермуд зэпэщимэм и къэухьу къабжыр квадрат километру мелуаным щIигъу. Ауэ языныкъуэ къэпщытакIуэхэм а бжыгъэр нэхъыбэжуи хуагъэфащэ.

Экономикэ «щхъуантIэм» зэрытехьэну щIыкIэм тепсэлъыхьащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Углеродыр мащIэу щызэрахьэ экономикэ лIэужьыгъуэм хуэкIуэ Урысейм мэкъумэшым елэжь и щIыналъэхэр зэрыхэувэ щIыкIэхэмрэ абы епха Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ. ЩIыуэпсым и щытыкIэм тещIыхьа проектхэр: IэмалыщIэхэмрэ хэкIыпIэщIэхэмрэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейр иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Псыежэх зэпрыкIыпIэ

1950 гъэм, Накъыгъэм и 9 махуэ лъапIэм техуэу, Хэку зауэшхуэм хэту къэзыгъэзэжа ди адэ Хьэзрит си къуэш нэхъыщIэмрэ сэрэ къытхуищэхуащ шэрхъитI зыщIэт лъакъуэрыгъажэ. Сэ а тыгъэм икъукIэ сыщыгуфlыкlат.
Ауэ къэжыхьыкIэ тщIэртэкъыми, пщэдджыжьыпэм къыщыщIэдзауэ жэщ къыттехъуэху, хьэблэм дэс си ныбжьэгъу щIалэ цIыкIухэр ди гъусэу, лъакъуэрыгъажэр къетлъэфэкIырт, зыдгъасэу. Сыт дымыщIэми, ди Iуэхур къыдэхъулIэртэкъым: лъакъуэрыгъажэр дэркIэ иныIуэу къыщIэкIат, лъакъуэтегъэувапIэм ди лъакъуэхэр нэсыртэкъым, дыкъехуэхырт.

Псы псалъэм и зэтепщIыпщIэкIэ

КIахэ адыгэбзэм хэтщ, «псы»-р зи лъабжьэ, абы къытепщIыкIа, къэбэрдейхэми гурыIуэгъуафIэ тщыхъуну псалъэхэр.

Ажек – Ажы-къуэ – Ажэ-къуэ

Сочэ зи фIэщыгъэ псым ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къыхэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зыщ. Зи пкъыр IыхьитIу зэхэт псалъэм и къэхъукIэм теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэмкIэ госпиталитI щызэхуащIыж

Иужьрей тхьэмахуиплIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ щыхъуащ коронавирус уз зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр. КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIэмкIэ, блэкIа тхьэмахуэм елъытауэ, узым и гуащIагъыр процент 22-кIэ хэщIащ.  

Гугъуехьым къигъэдзыхэркъым

ИлъэситI хъуауэ дуней псор пэщIэтщ коронавирус узыфэ шынагъуэм. Псом хуэмыдэу а Iуэхум хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIыр медицинэм и лэжьакIуэхэрщ. Сымаджэр кърагъэлкIэрэ езыхэр я гъащIэм щымысхьу къалэн гугъум пэрытщ ахэр. Дохутырхэм деж щыщIэдзауэ санитархэм деж щиухыжу лэжьыгъэм щыпэрыту щхьэж и IэнатIэр ирехьэкI. 

СыткIэ сэбэп, сыткIэ зэран?

Дыкъэзыухъуреихь дунейр

Бэдж ялъэгъуамэ е къатетIысхьамэ, цIыхухэм я нэхъыбэр мэшынэ, зызэхуашэ, нэхъ псынщIэу зэрызытрадзыжыным, зэрапIытIыным пылъхэщ. Ар щыуагъэщ. А хьэпщхупщыр цIыхухэм дежкIэ мыIуплъэгъуафIэу, гущыкIыгъуэу къытщыхъуныр къызыхэкIыр абы лъакъуий зэрыщIэтым и мызакъуэу, и щхьэ хуэхъурейр зэредмыгъэкIур, и Iэпкълъэпкъыр мыдахэу зэрыщытрагъэнщ. ИтIанэ, псори дызэрегупсысыр абы щхъухь зэрихьэ хуэдэущ, ущымэхъэшэн хуейуэщ. Ди щIыпIэм щыпсэу бэджхэм уащIыщыщтэн щыIэкъым, абыхэм ущIэшынэн ябгъэдэлъкъым.

Ину къемышхми, мащIэу къыттоткIуэ

КъуэкIыпIэ Гъунэгъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30-40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэпхъуауэ.  Абы я нэхъыбэр щыпсэур Германиеращ, цIыху мин 40-м ноблагъэ. IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрытщ ахэр, хьэрычэт  Iуэху зиIэр куэдщ, ауэ Германием къыщалъхуа лIакъуэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтауэ щIэныгъэлIи, дохутыри, инженери яхэтщ.  Сабийр щыцIыкIум деж зэрыпсалъэр, зэрыгупсысэр нэмыцэбзэми, балигъыпIэ зэриувэу адыгэбзэр зригъэщIэн щIедзэ. Мис ар я къалэн нэхъыщхьэщ Германием и къалэ нэхъ инхэм къыщызэIуаха Адыгэ Хасэхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ