|
|
Жылагъуэ
5 февраля, 2020 - 05:20
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм тхылъ ущеджэ хъу и пэшышхуэм и къудамэм и лэжьакIуэхэм «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием щIышылэм и 27-м щрагъэкIуэкIащ «Блокадный хлеб» урысейпсо Iуэхур. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм и зауэлI щIыхьым и махуэр - Ленинград къэзыувыхьауэ щыта фашист зэрыпхъуакIуэхэм къалэр совет зауэлIхэм къызэрыIэщIагъэкIрэ илъэс 76-рэ щрикъум - ирихьэлIэу. Бийм и зэранкIэ дунейм «къыпыча» хъуа, мэжэщIалIагъэмрэ щIыIэмрэ яукI ленинграддэсхэр зэралъэкIкIэ езыхэм, я благъэхэм, Iыхьлыхэм, къалэм къыщхьэщыж зауэлIхэм я гъащIэм щIэбэнащ.
5 февраля, 2020 - 05:15
Лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым мыгувэу игъэлъэпIэнущ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр и текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. Дэтхэнэ зым ди дежкIи ар махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэщ икIи нэхущ. Шэч хэлъкъым, абы и мыхьэнэр зэи кIащхъэ зэрымыхъунум.
31 января, 2020 - 05:16
Адлер - 1864 гъэ пщIондэ Арыдбэ абазэ уэркъ лъэпкъым ейуэ щытащ Адлер и Iэгъуэблагъэр. ЛъэпкъыцIэр къалэм и фIэщыгъэцIэ хъужащ.
Анапэ - Iэнэпэ (абазэбзэкIэ «къудамэм» и къежьапIэ жиIэу аращ, псы къудамэ жиIэу къикIыу). Пасэрей зэман жыжьэм алыджхэм Анапэм щхьэкIэ Горгиппие, генуэзхэм Марэ, тыркухэм Бугуркъалэ жаIэу щытащ.
Арыкъ - Борыкъуей. Нэхъапэм Къуяндэс, Къэбышхей жаIэу щытащ.
Армавир - Ермэлыхьэблэ (Джаурхьэблэ жаIэуи щытащ), ермэлыхэр (армянхэр) зыдэс къуажэ къикIыу аращ.
31 января, 2020 - 05:15
Урысей Федерацэм ТуризмэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди гъунэгъу Къэрэшей-Шэрджэсым а унэтIыныгъэм нэхъри зыщиужьынымкIэ IэмалыфIхэр щыщыIэщ. А хэгъэгум зыщызыгъэпсэхуну кIуэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъури а псом я фIыгъэщ.
31 января, 2020 - 05:10
УШЁЛ из жизни Юрий Хамзатович Калмыков - видный ученый-юрист и государственный деятель, человек высших принципов, мужественной гражданственности и светлой души.
29 января, 2020 - 05:13
«Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и къудамэ «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм 2019 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм электрокъарууэ къыхуиутIыпщар абы япэ ита илъэсым елъытауэ киловатт-сыхьэт мелуан 21-кIэ нэхъыбэ мэхъу. Ар нэгъэсауэ яхурикъуащ ди щIыналъэм электрокъарур къыщызыгъэсэбэпхэм.
29 января, 2020 - 05:08
Юбилей
Адыгэ литературэм, лъэпкъ этнографием хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа МафIэдз Сэрэбий псэужамэ щIышылэм и 23-м илъэс 85-рэ ирикъунут. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуа «ЩIакIуэ фIыцIэ», «Щхьэц нэпцI», «КъафIэхъу», «Шыдыгъу», «Нэчыхь», «ЛIыгъэ», «Мыхъур» повестхэр, «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ» романхэр. Зи гугъу тщIа тхыгъэхэр къэбэрдей прозэм и нэхъыфIхэм ящыщщ.
29 января, 2020 - 05:03
Ибукэ Масару 1908 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Токио километрищэкIэ пэIэщIэ Никко къалэм къыщалъхуащ. Электростанцым инженеру щылажьэ абы и адэм машинэ къыжьэхэуэу, щIалэ цIыкIур зеиншэ щыхъуам, илъэситI фIэкIа и ныбжьтэкъым.
24 января, 2020 - 05:17
Урысей гвардие
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и прапорщик Нагаев Аслъэн и зыгъэпсэхугъуэ махуэм иубыдащ дыгъуакIуэ.
24 января, 2020 - 05:10
Сирием щекIуэкI хьэлэбэлыкъым дуней псом и дэнэ щIыпIи ис адыгэхэр кIэлъоплъ, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм лей къатехьэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу. «Адыгэ псалъэм» и «ХьэщIэщым» щыдипсэлъэгъущ Щам къыщалъхуа, Хэкум къэкIуэжауэ илъэс тIощI хъуауэ щыпсэу Къумыкъу Мамдухь. Ар Урысей Федерацэмрэ Сириемрэ я ТхакIуэхэм я зэгуэхьэныгъэхэм хэтщ, прозаикщ, зэдзэкIакIуэщ, КъБКъУ-м хьэрыпыбзэр щрегъэдж.
Страницы
|