Жылагъуэ

ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным тещIыхьауэ

Зи ныбжьыр хэкIуэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ ягъуэтыпхъэ Iуэхутхьэбзэхэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и комитетым и зэIущIэм. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Жанатаев Сэлимрэ Къардэн Муратрэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, республикэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ щащIэ и центрхэм къикIахэр, Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Рэмэдан мазэ лъапIэм зэрыщIидзэм теухуа и хъуэхъу

Рэмэдан мазэр къызэрихьамкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу муслъымэн псоми!
НэщI мазэ лъапIэм дэтхэнэ зы муслъы­мэнми Iэмал ирет гъащIэм нэхъыщхьэу хэлъым егупсысыну, цIыхухэм гуапагъэрэ гулъы­тэкIэ захуигъэзэну, нэхъ тэмакъ­кIыхь, гумащIэ х­ъуну, псапэ нэхъыбэ илэжьыну. 
Рэмэданым епха а хабзэ дахэхэм утетыху, динрэ лъэпкъкIэ зэщхьэщыкI цIыхубэм я зэ­хуакум мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ зы­щеубгъу, нэмысыр псэуныгъэм и тегъэщIапIэ ­нэхъыщхьэ мэхъури, къыдэкIуэтей щIэблэри гъуэгу захуэкIэ еунэтI. 

ДЖЭДУ

Къэхъуа

ЦIыху бжыгъэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и IуэхущIапIэм иджыблагъэ хъыбар къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я бжыгъэм хохъуэ.

КъБКъУ-м и щIэныгъэ проектыщIэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIэныгъэлIхэм жьэпкъ-напэпкъ хирургием теухуауэ къэхутэныгъэ проектышхуэм йолэжь.

Адыгэбзэм гуащIэшхуэ иIэщ

Адыгэ лъэпкъым, бзэм, щэнхабзэм ехьэлIа Iуэху щхьэпэ куэд зэфIэзыгъэкI цIыхущ Брам (Куэблэ) Алатин. Илъэс 30-м нэблэгъауэ егъэджакIуэу мэлажьэ, Тыркум и къалэ зыбжанэм ирагъэблагъэурэ курыт школхэм, лицейхэм щылэжьащ, еджапIэм и унафэщIуи щытащ. Езыр хуабжьу дихьэхыу толэжьыхь этимологиемрэ фонетикэмрэ. 

ГъащIэшхуэ къэзыгъащIэхэр дэнэ щыпсэур?

Нэхъыбэ дыдэрэ псэухэр Кавказым исхэрауэ жаIэ ижь-ижьыж лъандэрэ. Абы и щыхьэт хуэдэщ къыщалъхуа махуэмкIэ цIыхум дыщехъуэхъукIэ Iуэхугъуэ къызэрыгуэкI хуэдэу къытщыхъуу «илъэсищэ иджыри къуигъэгъащIэ!» - жытIэу дызэрехъуэхъур.
ЩIэныгъэлIхэри къэхутакIуэхэри илъэс куэд щIауэ и ужь итщ мы Iуэхум и пэжыпIэр къатIэщIыну. Къэбгъэлъагъуэмэ, гъащIэ кIыхь зиIэхэм я бжыгъэмкIэ Кавказыр япэ итщ Урысей псом.

Лъабжьэр Налшык къыщожьэ

Хамэ къэрал щыпсэуми, гукIи, псэкIи, унагъуэкIи хэкум къыпыщIа ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ Дыгъужьхэ я унагъуэр.
Дыгъужь УаIелрэ КIэдыкIуей Нансирэ я унагъуэр Иорданием и къалащхьэ Амман щопсэу, ауэ Налшык быдэу къыпыщIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм я унагъуэм къежьапIэ хуэхъуар ди республикэм щагъэкIуа студентыгъуэ илъэсхэрщ.

Марие и гъуэгу бгъуфIэр

Журналист, тхакIуэ, тхылъ къыдэгъэкIын IэнатIэм жыджэру щылажьэ Котляровэ Марие зымыцIыху ди республикэми абы и гъунэгъу щIыналъэхэми ису къыщIэкIынкъым. Зыпэрыт IэнатIэхэмрэ ищIэ лэжьыгъэхэмрэ гъащIэ псо къызэщIаубыдэ, и къэхутэныгъэхэмкIэ, и хэкум хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ гъэнщIауэ. Аращ абы и лэжьыгъэ псоми лъабжьэ яхуэхъужыр.

ЛIыгъэм и дерс

«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм дзэ къулыкъур щезыхьэкIхэу майор Хьэсанэ Зауррэ капитан Къуэшокъуэ Азэмэтрэ Налшык къалэм и школхэм ящыщ зым и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс.

 Офицерхэр школакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ