|
|
Жылагъуэ
30 марта, 2022 - 11:41
Хэку зауэшхуэм нэмыщI, ХХ лIэщIыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я нэгу щIэкIа гуауэт 1944 гъэм ди къуэш балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ я лъахэм зэрырагъэкIар.
Ди республикэ мыиным зэныбжьэгъурэ зэакъылэгъуу щызэдэпсэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ игъащIэ лъандэрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зэрыIыгъщ. Иригушхуэу ахэр ирагъэщхь зи дамитIыр шэщIа къуршыбгъэ уардэм.
ФIыуэ сощIэж зи жьэгу пащхьэр 1944 гъэм зрагъэбгына лIыжьхэр, фызыжьхэр, сабийхэр зэщIэгъуагэу хэкум щраша а гъатхэ махуэ жагъуэр.
30 марта, 2022 - 07:35
Урысей МВД-м Прохладнэ щиIэ къудамэм щекIуэкIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и лэжьыгъэр къыщызэщIакъуэж-хэхыныгъэ зэIущIэ.
Абы хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед, къудамэм къулыкъущIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и IэнатIэм и унафэщI Жыласэ Мурат, Прохладнэ къалэмрэ районымрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ я органхэм я ветеран 58-рэ.
30 марта, 2022 - 07:35
Урысей МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм 2022 гъэм гъатхэпэм и I6-м зыхуигъэзащ илъэс 28-рэ зи ныбжь къэхъундэс цIыхубзым. Щхьэусыгъуэр сом 150000-рэ и уасэ дыщэхэкIхэр и унэм зэрыщIэкIуэдыкIарт. Абыхэм ящыщхэр иужьу абы щызыкIэрилъхьар щIышылэм и 15-рщ, гъатхэпэм и 16-м гу лъитащ языныкъуэхэр зэрыхэмылъыжым.
29 марта, 2022 - 14:35
«Макдональдс» цIэр къызытекIыр куэд бжыгъэм ит зэкъуэшитIым я унэцIэщ. Гъатхэпэм и 14-м шхапIэм и къудамэ псори Урысейм иIэпхъукIыжащ, абы щылэжьа цIыху бжыгъэшхуэ лэжьапIэншэу къагъанэри.
29 марта, 2022 - 14:17
Урысей ОМВД-м следствиемкIэ и къудамэу Iуащхьэмахуэ районым щыIэм 2022 гъэм гъатхэпэм и пэщIэдзэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ, илъэс 26-рэ хъу цIыхубзым теухуауэ. Абы шэч хуащI УФ-м и Уголовнэ кодексым и 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр (гъэпцIэныгъэ) илэжьауэ.
29 марта, 2022 - 14:10
УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ Урысейм и лъэпкъ гвардием и дзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэхуэсым ягу къыщагъэкIыжащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхъумахэр.
29 марта, 2022 - 12:30
Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу гуфIэгъуэ зэIущIэ щызэхэтащ.
29 марта, 2022 - 12:10
Лъэпкъ Iущыгъэм и купщIэр зи творчествэм, философием лъабжьэ хуэхъу балъкъэр усакIуэ щэджащэ Зумакуловэ Танзиляи зыхищIащ ди къуэш лъэпкъым и щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэр.
29 марта, 2022 - 09:35
ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президиумым хэт, хьэршым епха IэнатIэхэмкIэ абы и къудамэм и унафэщI, механикэмкIэ, хьэрш ракетэхэр зэпкърылъхьэнымкIэ IэщIагъэлI Iэзэ, академик Энеев Тимур Магомед и къуэр балъкъэр лъэпкъым и бын пажэхэм ящыщщ. Энеевыр Лениным и цIэкIэ щыIа Къэрал саугъэтым и лауреатщ. Хьэршыр джыным, ар къэгъэIурыщIэным теухуа и къэхутэныгъэхэм папщIэ щIэныгъэлI пажэм къыхуагъэфэщащ Ленин, Бэракъ Плъыжь орденхэр.
28 марта, 2022 - 12:08
Хабзэ нэрымылъагъу гуэрхэмкIэ зыпащIащ тхыдэмрэ махуэрыбжэмрэ.
Страницы
|