Жылагъуэ

Гъуэгум и фIагъыр къапщытэ

КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ Урысей цIыхубэ фронтым и къудамэу республикэм щыIэмрэ я лIыкIуэхэм «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хэту Май щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къапщытащ.

Нэхъыжьхэм ядоIэпыкъу

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ Управленэм и лэжьакIуэхэмрэ абы къулыкъу щызыщIэхэмрэ ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр зэрылъ хъуржын 35-рэ Iэрагъэхьащ Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и нэIэм щIэт цIыхухэм.

Ди лъэпкъыр ирогушхуэ

Ди республикэм щыпсэу лъэпкъ инхэм ящыщ Къардэнхэ цIыху цIэрыIуэ куэд къытхэкIащ. Абыхэм яхэтщ еджагъэшхуэхэри щIэныгъэлIхэри, дохутыр Iэзэхэри спортсмен цIэрыIуэхэри, гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зи цIэфIхэр щызыгъэIуа нэгъуэщI куэди. Ди Къардэн лъэпкъыр зэрыгушхуэхэм ящыщщ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым и декану илъэс куэдкIэ лэжьа, Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу хэта зауэлI хахуэ икIи хэкупсэ нэс Къардэн Башир Мыхьмуд и къуэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэ зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№51-ПП                       2020 гъэм гъатхэпэм и 25-м                Налшык къалэ

Дунейм адыгэу тетыр мелуани 10-м нос

Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралыгъуэшхуэу щып­сэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ ­къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами. Урыс-Кавказ зауэм и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 - 1864 гъэхэм ­къриубыдэу адыгэ мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ, е емынэмрэ ­таломрэ яхьащ.

ЩытыкIэр зэпIэзэрытщ

Республикэм щыпсэухэм ящыщу коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр 2509-рэ мэхъу. Иужьрей жэщ-махуэм ар яIэу къахутащ цIыху 87-м. Хъужахэм я бжыгъэр 643-м нэсащ. Узыфэ шынагъуэм илIыкIащ цIыху 14.
«Роспотребнадзор»-м Къэбэрдей-¬Балъкъэрым щиIэ управленэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн къызэрыхигъэщамкIэ, мы зэманым республикэм и эпидемие щытыкIэр зэпIэзэрытщ, екIакIуэкъым, IуэхущIапIэхэм цIыхухэр щызэрыцIэлэжауэ, сымаджхэм я бжыгъэр егъэлеяуэ щыдэуея къэхъуакъым.

Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ

Зи гуащIэр ин

Нэхъыжьыр ягъэлъапIэ

Хэку зауэшхуэм ди къэралыр зэрыщытекIуэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум ехьэлIа Iуэху гуапэхэр щокIуэкI республикэм и IуэхущIапIэхэм.

Артистхэм ветеранхэр ягъэгушхуэ

Бахъсэн районым къыщызэрагъэпэщащ артистхэмрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэмрэ зыхэт «Фронтовая бригада» гупыр. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я унэхэм кIуэурэ абыхэм нэгузыужь концертхэр ят.

Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъу

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Псоми ейщ ТекIуэныгъэ Иныр» зыфIаща фэеплъ тхылъ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ