Жылагъуэ

ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр ягъэлъапIэ

Бахъсэн районым накъыгъэм и 9-р щагъэлъапIэм, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ икIи ветеранхэм концертхэр къыхузэрагъэпэщащ.

Кулиев Къайсын и усэхэр щызэхуэхьэса

ТхылъыщIэ

 

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм и пэ къихуэу къыщыдагъэкIащ «Выдающиеся поэты Кавказа» серием щыщ, Хэку зауэшхуэм хэта усакIуэ Кулиев Къайсын и усэ къыхэхахэр щызэхуэхьэса тхылъым и япэ томыр.

Къэхъун фэеплъ сыныр къыщагъэщIэрэщIэж

Совет цIыхубэм фашизмэр къызэрызэтригъэувыIэрэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щекIуэкIащ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ накъыгъэм и 2-м Къэхъун щыIари.

Уахътыншагъэм и блын

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм къекIуэкI бжыхьым и кIыхьагъкIэ фIадзащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я сурэтхэр. Ар траухуащХэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъум.

Курп Ищхъэрэ гъуэгур зэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, илъэс къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэм щолэжь.

Курп лъагапIэхэр: фэеплъым и пщIэр

Урысей гвардием и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ щыIащ Тэрч щIыналъэм ит Курп лъагапIэхэм. Зауэр ди лъахэм къыщысам, зэхэуэ нэхъ гуащIэ дыдэр 1942 гъэм абдежщ щекIуэкIар.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупыр Налшык щызэхуос

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэлэ­жьыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Щхьэу­сыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Израилымрэ Европэм хыхьэ къэралхэмрэ я Хасэхэм я ­тхьэмадэ Тхьэухъуэ Зухьейррэ ДыщэкI Эртанрэ.

Джылахъстэнейр мэхасэ

ЩIышылэм и 28-м Тэрч щIы­налъэм щекIуэкIащ Джы­лахъстэней Адыгэ ­Ха­сэм 2019 гъэм зэфIи-гъэ­кIа­хэмрэ илъэсыщIэм къы­пэщылъхэмрэ ятеухуа зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблагъэри хэтащ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэ­фIыцIэ Му­хьэмэд, Тэрч ­район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, нэхъы­жьыфIхэр, дин лэ­жьа­кIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

ХущхъуэкIэ защIегъакъуэ

Зи ныбжь хэкIуэтахэр сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуэныкъуэщ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий Налшык къалэм дэт жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я унэм щыпсэухэм защIигъэкъуащ.

ТВ, Радио нэтынхэр

Блыщхьэ, накъыгъэм и 4
1 канал

05.00, 06.10 Т/с «Ангел-хранитель» (16+)
06.00, 10.00, 12.00, 15.00 Новости
06.50 Т/с «Петербург. Любовь. До востребования» (12+)
08.30 Х/ф «Женя, Женечка и «Катюша» (16+)
10.20 «Доброе утро»
11.20, 12.20 «Видели видео?» (6+)
14.10, 03.45 «Наедине со всеми» (16+)
15.15, 18.40 Т/с «По законам военного времени» (16+)
18.00 Вечерние новости
19.50 «Пусть говорят» (16+)
21.00 «Время»
21.20 Т/с «Джульбарс» (12+)

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ