Жылагъуэ

Ныбжьэгъур пфIэкIуэдыныр псом нэхърэ нэхъ хьэлъэщ

Хэку зауэшхуэм хэта цIыху сы­хуэзэхукIэ пIейтей сохъу: ярэби, къысхуэгъэпсэлъэну, си ­уп­­щIэ- ­хэм­кIэ гугъу езмы­гъэ­хьыну пIэрэ жысIэу. Ауэ дакъикъэ бжы­гъэ докI­ри, здэ­кIуар сымы­щIэу мэб­зэ­хыж си гур зэрыгъуар.

ЩIыпIэр зыгъэдэха куэдыр къагъэщIэрэщIэж

Вольнэ Аул и ипщэ къыдэлъэдапIэм хуэзэ Налшыкыпс Iуфэм бгъу­рыту дэкIуей гъуэгур зэрагъэпэщыж.

Сытми щымышынэу

Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу Дзэ Плъыжьым зэи бзылъхугъэ хэтакъым, къэрал гъунап­къэхэм къулыкъу щы­зыщIэ я щхьэгъусэхэм ящIыгъуахэм фIэкIа. 1941 гъэм и шыщхьэуIу мазэм гурыIуэгъуэ хъуат дзэм цIыхубзхэри ираджэн зэры­хуейр. 

Радиор - ди щIыналъэм

Я махуэм ирихьэлIэу, дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей-Балкъэр радиом адыгэбзэкIэ и нэтынхэм и редактор нэхъыщхьэ Тэтрокъуэ Астемыр.

Лъымрэ нэпсымрэ къахэхъукIа гуфIэгъуэ

Урысей Федерацэм и махуэгъэп­сыр гуфIэгъуэ дауэдап­щэ­хэмкIэ ­гъэн­щIащ, ауэ мыхьэнэкIэ къап­щтэмэ, абы­хэм куэдкIэ йопэгэкI Накъыгъэм и 9-р.

Орденхэр я Iыхьлыхэм яретыж

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къэрал дамыгъэхэр яритыжащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэхум Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хэкIуэда щIалэхэм я Iыхьлыхэм.

Хэкум теухуа уэрэдхэр ягъэзащIэ

 

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щекIуэкIащ ­«Гъат­хэ макъамэхэр» зэхыхьэр. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къы­зэрыщахьам, Къэбэр­дей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэ­си 100 зэрырикъум  я щIыхь­кIэ къы­зэрагъэпэща пшы­хьым щыжаIащ Хэкум, зауэм теухуа уэрэдхэр.

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ

«ТекIуэныгъэм и накъыгъэ мазэр-музейм». Аращ зэреджэр Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 77-рэ щрикъум ири­хьэлIэу иджыблагъэ Лъэпкъ музейм къыщызэрагъэпэща гъэ­лъэгъуэныгъэм.

ПоликлиникэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ ин дыдэу итыну поликлиникэм и лъабжьэр дыгъуасэ ягъэтIылъын щIадзащ, япэ бетон кубыр щIэщIыкIым дакIащ. Ар щаухуэ Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и Iэгъуэблагъэм.

Ди фарзыр

1941 гъэм  нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIауэ щыта зауэм имыгъэгуIа унагъуэ ди Хэкум ису къыщIэкIынкъым. ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм ящыщу а махуэшхуэр зыгъэлъэпIэн нобэ ди Къулъкъужын Ипщэ (Абзуанхьэблэ) къуажэм зэрыдэмысыжри уигу къемыуэу къанэркъым. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ