|
Жылагъуэ
24 апреля, 2025 - 12:12
Нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэжащ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мини 6,8-м нэблагъэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 4-м нэблагъэкIэ ар нэхъыбэщ, къитащ Росстатым иджыблагъэ.
Къыхэдгъэщынщи, мэракIуэ лIэужьыгъуэу къыпачыжам я нэхъыбэр къыщагъэкIар республикэм и унагъуэхэрщ – тонн мини 4,85-рэ. Фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэгъусэу тонн мин 1,6-рэ нэгъабэ кърахьэлIэжащ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм яхузэфIэкIар тонн мин 0,3-рэщ.
24 апреля, 2025 - 09:26
Иужьрей илъэсхэм къэралым и щIыналъэхэм щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ жылэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр нэрылъагъуу ефIакIуэ зэпытщ. Дэнэ щIыпIэкIэ умыунэтIми, щыплъагъур нэр зыгъэгуфIэ IуэхугъуэфI защIэщ: гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ зэрагъэпэщыж, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зыхуей хуагъазэ, жыгыщIэхэр, удз щхъуантIэхэр щагъэтIыс, цIыхухэм тыншыпIэхэр, нэгузегъэужьыпIэхэр къыхузэрагъэпэщ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы гъэми дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIынущ.
24 апреля, 2025 - 07:01
КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ гъэпцIагъэкIэ кредит къыIахауэ. А щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч хуащI илъэс 50 хъу, щIыпIэм щыпсэу цIыхубзым.
ЗэраубзыхуамкIэ, мэкъумэш IуэхущIапIэм и унафэщIу, 2020 гъэм и шыщхьэуIум абы финанс IэнатIэм зыхуигъэзащ къыщIигъэкI продукцэхэм зригъэубгъун папщIэ Iэмэпсымэхэр къэщэхуным, лэжьакIуэ къищтэнухэм хэгъэхъуэн папщIэ ахъшэ щIыхуэ мыин къратыну.
24 апреля, 2025 - 06:58
Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм, ведомствэм и ветеранхэм я щIыналъэ советым и тхьэмадэ, полицэм и полковник Хужьокъуэ Руслан ящIыгъуу, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум теухуа дерс зэIуха драгъэкIуэкIащ Кыщпэк къуажэм и школакIуэхэм.
23 апреля, 2025 - 16:20
2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и капитал нэхъыщхьэм инвестицэ ахъшэу къыхалъхьам и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ икIи абы ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 10,4-кIэ нэхъыбэщ ар. ЖыпIэнурамэ, мылъку къэзыт IэнатIэ псоми зэхэту сом мелард 80-м нэблагъэ щIыналъэм кърашэлIащ.
23 апреля, 2025 - 15:00
Иужьрей зэманым интернетым къыщрахьэкI ныбэрылъымрэ анэмрэ я зыпыщIэныгъэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн.
23 апреля, 2025 - 14:58
Анэ, анэшхуэ насыпыфIэщ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыпсэу ЩхьэщэмыщI Сэмра. Бынихым, абы къытепщIыкIыжа щIэблэ хыщIым ягъэгушхуэ, абыхэм я ехъулIэныгъэм хэплъэ нанэм дежкIэ нэгъуэщI насып щыIэнкIэ хъуну?! Езы щIэблэращи, анэр, анэшхуэр зыпащI щыIэкъым, абы и макъ щабэр зэхахамэ, я гукъыдэжым зыкъиIэту, и псалъэ Iущхэр я гъуазэу апхуэдэщ. Шэч хэмылъуи, илъэс 96-нэм ит Сэмра ахэр зыхуигъэIущынрэ зыхуиущиинрэ и мащIэкъым. ГъащIэ купщIафIэ, пщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ гъуэгуанэ и щIыбагъ къыдэлъщ нанэ угъурлым. Жьыщхьэ махуэ хъуащ зыхужаIэр абы хуэдэхэрщ.
23 апреля, 2025 - 13:29
Къэбэрдей-Балъкъэрым гъущI гъуэгумкIэ щагъэIэпхъуэ хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ я куэдагъым илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ.
23 апреля, 2025 - 11:25
ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ пажэ БакIуу Хъанджэрий бзэм, литературэм теухуауэ иIэ гупсысэмкIэ къыддогуашэ.
Иужьрей зэманым бзэщIэныгъэм щIэуэ къихутахэм теухуауэ
Страницы
|