|
|
Жылагъуэ
8 марта, 2022 - 11:41
Пасэрей ди цIыхубзхэр куэдрэ унэм икIыу щытакъым. «ЦIыхубзым и Iуэху жьэгу пащхьэмрэ бжэщхьэIумрэщ», - жаIэу щытащ. ЛIым кърихьэлIэр фызым зэригъэзахуэу, зэригъэпэщу унэм щIэсу щытащ.
8 марта, 2022 - 09:28
Си тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIа псалъэхэр куэдрэ зыхужаIэ бзылъхугъэхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм щыпсэу Понэж (Хьэмыкъуэ) Нюрэ.
8 марта, 2022 - 07:35
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм мы махуэхэм щагъэлъагъуэ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, сурэттех Iэзэ Къарей Элинэ и IэдакъэщIэкIхэр.
8 марта, 2022 - 07:35
НыбжьыщIэхэм я псантхуэм еIэзэ Хъыдзэ Лаурэ куэдым яцIыху. И щIэныгъэм, Iэзагъым, гущIэгъум щыхьэт тохъуэ зи бын абы деж езышалIэ адэ-анэхэр. ЦIыкIухэм япыщIа дэтхэнэ IэщIагъэми нэхъыщхьэу хэлъыр сабийр фIыуэ плъагъунырщ.
7 марта, 2022 - 12:54
И IэщIагъэр гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу илъэс 40-м нэблэгъауэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытщ Бахъсэн къалэ дэт курыт школ №1-м и егъэджакIуэ пашэ Шорэ (Быф) Лизэ Хьэбас и пхъур.
7 марта, 2022 - 11:55
Къэралым и космонавтикэм псэемыблэжу телэжьа адыгэ бзылъхугъэм и цIэм щыгъуазэр мащIэ дыдэт...
7 марта, 2022 - 09:44
Бзылъхугъэм гъащIэм щигъэзащIэ мыхьэнэм и инагъыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. ТхакIуэ дапщэ тетхыхьами, усакIуэ дапщэм усэбзэ дахэкIэ къаIуэтами, иджыри нэсу жаIэфауэ къыщIэкIынкъым цIыхубзым и уасэмрэ и пщIэмрэ. ИтIани, куэд къызэщIиубыдэу IутIыж Борис жиIэфауэ къысщохъу мыр: «ЦIыхубзыр ар цIыху тхьэпэлъытэщ, КъэзыгъэщIыфу къигъэщIащ». Ар шэч къызытумыхьэжынщ.
7 марта, 2022 - 07:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз лъапIэхэ!
Сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэмкIэ - ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ!
А махуэм дэ дызэкъуегъэувэ, цIыхубз-анэм, гъащIэм Iэпэгъуу щыдиIэ бзылъхугъэм, унагъуэ жьэгум и хъумакIуэм пщIэшхуэрэ фIыщIэ инрэ яхуэтщIын папщIэ. Фэ фи фIыгъэ куэд хэлъщ дэ нэхъ къарууфIэ дызэрыхъум, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэным дызэрыхущIэкъум.
6 марта, 2022 - 13:59
Иужьрей зэманым къалэ уэрамхэм щыдолъагъу гъуэгу Iуфэм Iут жыгхэр ирахыу, я щхьэкIэр пахыу. Къалэдэсхэр абыкIэ арэзыкъыми, «сыт ди бынхэр зэрыбэуэнур, къалэр жыгыншэ ящIмэ?», - жаIэу Интернетым щызэхуотхьэусыхэж. Сыт-тIэ, жыгхэр къыщIратхъыжыр?
6 марта, 2022 - 10:40
УсакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и пьесэм къытращIыкIа спектакль щагъэуващ Абхъаз къэрал драмэ театрым.
Режиссерыр Аргун Мадинэщ, спектаклым сурэтхэр хуэзыщIар Цвижбэ Нодарщ, абхъазыбзэкIэ зэзыдзэкIар Хаджимбэ Иннэщ.
Пьесэр теухуащ Абхъазым и политик лэжьакIуэу, и унафэщIу щыта Нестор Лакоба (1892 - 1936 гъгъ.) и щхьэгъусэ Сариа и гъащIэм. Ар ягъэтIысауэ щытащ, ягъэкIуэда и щхьэгъусэр «лъэпкъым и бий» зэращIыр яхуидэртэкъыми. Бзылъхугъэр тхыдэм хыхьащ къабзагъэмрэ пэжыгъэмрэ и фащэу.
Страницы
|