|
|
Жылагъуэ
19 октября, 2021 - 16:06
«Шынагъуэншэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, Инарыкъуейрэ Къаншыуейрэ я зэхуакум дэлъ километрих зи кIыхьагъ гъуэгур зэрагъэпэщыж.
Лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэфIагъэкIащ, асфалътыжьыр тратхъунщIыкIщ, трагъэзэгъэжри, асфальт-бетоныр Iуву тралъхьэн щIадзащ. Мы лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп абдж зыхэлъ полимер, геотекстиль пкъыгъуэхэм асфалътыр нэхъ быдэ ищIынущ.
IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэ псори бжьыхьэм и кIэм яухыну я мурадщ.
19 октября, 2021 - 11:41
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къулейщ узэрыгушхуэ хъун уэрэджыIакIуэхэмрэ артист ныбжьыщIэхэмкIэ. Урысейм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI гъуазджэ, щэнхабзэ зэхыхьэхэм ахэращ ди щIыналъэм щытхъу ин къыхуэзыхьыр. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, республикэр зэрыгушхуэ артистхэм ящыщщ Абэнокъуэ Рустам.
19 октября, 2021 - 09:35
Республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд къэралым и къалэшхуэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъагъуэу щолажьэ. Абыхэм я хъыбарыфIхэр къыщалъхуа щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къосыж икIи хамэ щIыпIэ зи зэфIэкIыр къыщалъытэ уи лъахэгъуым и цIэр фIыкIэ жаIэу щызэхэпкIэ, шэч хэмылъу, абы гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ.
19 октября, 2021 - 07:35
Банкым и лэжькакIуэхэр цIыхухэм епсалъэркъым я ахъшэр «счет хъума» жыхуиIэм ар ирагъэхьыным теухуауэ.
Къывэпсалъэм къывжиIэм щыщу зыри фымыщIэ. «Шынагъуэншэ счет» жаIэу зэрызэхэфхыу телефоныр вгъэтIылъ.
Интернет IэмалкIэ ущэхуэным шынагъуэ зэрыпылъри зыщывмыгъэгъупщэ. Уасэм щыщ Iыхьэ ипэкIэ футIыпщмэ, ар къыфхуагъэхьэжыныкIэ е хьэпшыпыр къыфIэрыхьэнкIэ шэсыпIэ гуэри щыIэкъым.
Сом мини 3
18 октября, 2021 - 14:55
Ди псэлъэгъухэр
Иджыблагъэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ и унагъуэр и гъусэу Москва щыпсэу щIалэ, адыгэ Iуэхум зигу етахэм ящыщ Сэхъу Мурат.
18 октября, 2021 - 13:55
Нобэ Дыгулыбгъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм и пащхьэ къыщызэIуахащ псэужамэ зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуну щыта, совет икIи урысей къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ скъар.
18 октября, 2021 - 12:55
«ЛъэужьыфIэ хъуащ» жаIэ адыгэхэм гъуэгу бгъуфIэ хэзыша, лэжьыгъэ купщIафIэ къызэзынэкIа, лъэпкъым и пашэу, хэкум и гъуазэу псэуа цIыхум щхьэкIэ. А псалъэхэр хуэфащэщ зи гъащIэ псор и лъахэмрэ и хэкуэгъухэмрэ я зэIузэпэщыныгъэм тезыухуа, зи акъылрэ зэфIэкIрэ Хэкушхуэм къыхуэзыгъэсэбэпа, Iулыдж лъагэрэ пщIэ инрэ иIэу дунейм тета политик цIэрыIуэ, къэрал лэжьакIуэ жыджэр, унафэщI губзыгъэ, цIыху щыпкъэ КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэм.
17 октября, 2021 - 12:32
Налшык къалэ администрацэм и нэIэм щIэту илъэс зыбжанэ хъуауэ фэтэр зэтетхэм я бжэIупэхэр зэIузэпэщ ящI. Псом хуэмыдэу цIыхур щогуфIыкI сабий джэгупIэхэм.
15 октября, 2021 - 16:06
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ иджыблагъэ егъэджэныгъэмкIэ Мэзкуу щызэхаша дунейпсо щIэнIуатэм хэтащ. «Крокус Экспо» гъэлъэгъуапIэ унэм къыщызэрагъэпэща зэхуэсыр «ММСО Коннект» хъыбарегъащIэ утым и Iэмалхэр хэлъу пэIудза жыпхъэм итуи ирагъэкIуэкIащ.
Страницы
|