|
|
Жылагъуэ
20 марта, 2022 - 07:35
Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ абыхэм яIэ плъыфэ зэмыщхьхэмрэ игу ириубыдэурэ, дунейм и зэхэлъыкIэм нэхъ куууэ хищIыкI хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зиузэщIащ лIэщIыгъуэкIэрэ. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр къэхъукъащIэхэрат. Дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм я гъащIэр мэкъумэш щIэным, Iэщ зехуэным теухуауэ щытти, абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми зрагъэужьырт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэлымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри.
19 марта, 2022 - 14:55
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и утым деж дыгъуасэ щекIуэкIащ «Крымская весна» пэкIу-концертыр, Урысейм Кърым Республикэр къызэрыхыхьэжрэ илъэсий зэрыхъум теухуауэ.
19 марта, 2022 - 11:41
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Шэрэдж район администрацэм и унафэщI Кульбаев Алан и гъусэу къипщытащ «Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» проектым ипкъ иткIэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр здынэсар.
18 марта, 2022 - 14:55
Зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэр зыщIэс IуэхущIапIэхэм тхылъ зэкIуэцIыкIхэр, лэпбуккIэ зэджэхэр, щIынымкIэ зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэнхэр щокIуэкI, Бахъсэн щIыналъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирагъэхьэлIауэ.
18 марта, 2022 - 13:59
УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм дзэ къулыкъур щезыхьэкIхэм даIыгъащ «И гъащIэр ихъумэнымкIэ дэIэпыкъу!» акцэр икIи лъы ятащ абы хуэныкъуэхэм папщIэ.
18 марта, 2022 - 12:54
Хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымрэ зегъэужьыным теухуауэ щыIэ лъэпкъ проектым и сэбэпкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэшым тригъэкIуэдэнущ сом мелуан 54-рэ.
18 марта, 2022 - 10:31
Бзу хьэлэмэт куэд щопсэу дыкъэзыухъуреихь дунейм. Абыхэм ящыщ зы фэзгъэцIыхуну сыхуейщ. Абы зэреджэр жако кIапэ плъыжьщ. Ар икъукIэ бзу дахэщ. И теплъэкIэ щхъуафэ-яжьафэщ, и пэр фIыцIэщ, и лъакъуэхэр бдзапцIафэ-хужьыфэщ, и кIапэр плъыжьыбзэщ. Абы къыхэкIыуи жако кIапэ плъыжькIэ йоджэ.
17 марта, 2022 - 14:34
Гъатхэпэм и 14-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ «Ажалыр щащэр умыбзыщI» зи фIэщыгъэ урысейпсо зэIущIэхэм я щIыналъэ Iыхьэм.
17 марта, 2022 - 11:24
Журналист ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Акула пера» еджапIэм и лэжьыгъэм пещэ. Ар къызэрегъэпэщ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, «КъБР-Медиа» къэрал IуэхущIапIэр и дэIэпыкъуэгъуу. Школым и дерсхэр иджы епщIанэу къызэIуах икIи пщIэншэщ.
17 марта, 2022 - 10:19
•Арктикэм и процент 15-р апхуэдизкIэ яуцIэпIащи, куэдрэ ягъэкъэбзэжын хуей хъунущ. АбыкIэ къуаншэр Норильск гъущIхэкIхэм щелэжь и заводымрэ Сыбыр КъухьэпIэм щIыдагъэ къыщыщIэзых IуэхущIапIэхэмрэщ. Арктикэм щIыуэпс гъэщIэгъуэн иIэщ, щIыдагъэкIэ бейщ, ауэ ар къыщIэпхыну, улъэIэсыну гугъущ. А щIыпIэм щIыIэр зэрыщытепщэм къыхэкIыу, кIэрыхубжьэрыхухэр зэпкъырымыхуу, щIым хэмыкIуадэу нэхъыбэрэ щылъщ, бгъэкъэбзэжынуи гугъущ. ЩIэныгъэлIхэр егъэгузавэ Арктикэм щыIэ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ абы текIуэдэжынкIэ зэрыхъунум.
Страницы
|