|
|
Жылагъуэ
17 марта, 2022 - 09:15
Интернет-технологиехэмкIэ жылагъуэ центрым (РОЦИТ) Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) иджыблагъэ лъэIукIэ зыхуигъэзащ Iэщэ къыщагъэсэбэп сыт хуэдэ зэпэщIэувэныгъэри ужьыхыхункIэ къэралхэм, щIыналъэхэм, хэгъэгухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэхэм бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр хэзымыгъэIэбэ (цифровой нейтралитет) мардэ пыухыкIахэр ягъэувыну, хабзэ гъэнэхуахэр къащтэу лъэныкъуэ псори абы тетыну къыхураджэну.
17 марта, 2022 - 07:47
Грин Хетти (1834 - 1916). Мы цIыхубзым нэхърэ нэхъ быдэ дунейм къытехьауэ къыщIэкIынкъым. И быдагъымрэ IуэхукIэ зэрынабдзэгубдзаплъэмрэ беягъышхуэ къыхуахьащ, икIи дунейм щынэхъ къулей бзылъхугъэу къалъытащ. Ахъшэ куэд дыдэ зэриIэм хуэдэу, и мылъкур апхуэдизкIэ зэригъэзахуэрти, зыцIыху псоми яфIэтелъыджэт. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Хетти сытым дежи щыгъыу щытар зы бостей фIыцIэ цIыкIущ, доллар ныкъуэ зи уасэ хьэлывэ фIэкIа ишхыртэкъым, псы пщтыр зэи къигъэсэбэпыртэкъым.
17 марта, 2022 - 06:38
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ фермерым гъэпцIагъэкIэ сом мелуани 3-м нэблагъэ зыIэригъэхьащ.
16 марта, 2022 - 16:46
«Урысей географие зэгухьэныгъэм» ПсыщIагъ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым Шэрэдж щIыналъэм мы махуэхэм еджэныгъэ-узэщIакIуэ лэжьыгъэхэр щрегъэкIуэкI.
16 марта, 2022 - 14:46
«Иныжь» псалъэм къытрагъэпщIыкIа щIыпIэцIэхэм Адыгэхэм я Хэкужьым куэду узэрыщрихьэлIэу щытыгъам дэ шэч къытетхьэркъым. Абыхэм ящыщщ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIынухэри.
Шапсыгъ щIыналъэ
- Иныжь къуладж. Хы ФIыцIэм хэхуэж Шахэ ижь лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсымрэ ар къызыдэж тIуащIэ зэв цIыкIумрэ я фIэщыгъэщ.
- Иныжьытх. Иджырей шапсыгъ жылэхэм нэхъ зызыужьауэ яхэтхэм ящыщ ШахэкIеишхуэ къуажэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыбгъэдэт къырылъэ-мэзылъэ шытхщ.
16 марта, 2022 - 14:17
Бэхъунэ Жаннэ Налшык щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым дирижёр IэщIагъэм щыхуеджащ, Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ урысей академиер продюсер IэщIагъэмкIэ къиухащ диплом плъыжь иIэу.
16 марта, 2022 - 14:06
Архитектурэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ гъуазджэм, дахагъэм НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум и псэр и унэми щыпсэу къалэми щытыншыныр зи гугъу тщIы IэнатIэм куэдкIэ елъытащ.
16 марта, 2022 - 13:39
Гъатхэпэм и 8-р къыщысым деж дэтхэнэ зы балъкъэрми, псом хуэмыдэу Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ щыIахэм, я нэгу къыщIоувэж а зэман хьэлъэр.
Дауи, а илъэс I3-р гъащIэм фIыцIагъэ зэфэзэщу хэтауэ жыпIэ хъунукъым. Сыт щхьэкIэ? Зи хэку залымыгъэкIэ кърахуа цIыхухэм ятелъ хьэзабыр зылъагъухэм зыкъыщIагъэкъуэну иужь итт. Брехт Бертольт жиIащ: «ЦIыху щыпсэум цIыху къыщыбдэIэпыкъунщ». Апхуэдэ я щхьэ кърикIуащ балъкъэрхэми.
15 марта, 2022 - 16:57
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Къубэ-Тэбэ (ХьэкIэщей) къуажэм мы лъэхъэнэм гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр щокIуэкI.
15 марта, 2022 - 14:55
Дызэрыт илъэсым мазаем и 14-м щегъэжьауэ гъатхэпэм и 13 пщIондэ «Яндекс» утым «Бжыгъэхэм я дерс» зыфIища урысейпсо егъэджэныгъэ проектыр ирегъэкIуэкI.
Страницы
|