Жылагъуэ

НэхъыжьыфIыр ягъэлъэпIащ

Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ зи ныбжьыр илъэси 101-рэ ирикъуа ветераным.

Уи анэдэлъхубзэм хуэпщI пщIэращ псоми лъабжьэ хуэхъур

Километр мин бжыгъэ зэпыбупщIу, кхъухьлъатэ­хэр зэпхъуэкIыу нэгъуэщI къэрал укъыщыхутауэ къып­щыхъуркъым Кфар-Камэ ущыдэткIэ. Абы и хьэуами адыгэмэ хэтщ. Зи бзэм пщIэ хуэзыщIыж хэхэс адыгэ дунейм тетмэ, ар Израилым исхэрщ. Адыгэбзэр зэраджыр дэ къэдгъэсэбэп алфавитырщ - кириллицэрщ. Ар­ нэхъ къыщIыхахари я адэжь щIыналъэм щып­сэухэм а алыфбейр къызэрагъэсэбэпыр аращ. Щыпсэу къэралы­гъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпу­рэ, абы щыпсэу адыгэ­хэр я бзэм и пщIэр къы­зэраIэтыным хущIокъу.

Акцэхэм фыхэтыну фыкъыхураджэ

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ урысейпсо акцитIым - щIэблэр афияным щыхъумэным хуэгъэпса «Урысейм и сабийхэр-2019», наркотикхэм япэщIэтыным теухуа «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» жыхуиIэхэм - я щIыналъэ Iыхьэхэм. А Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр зи нэIэ щIэт штабым и зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм.

Я гум ихуркъым

Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №6-м щекIуэкIащ «ЛIыгъэм и дерс», полицэм и лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдэхэм - Аруан щIыналъэм щыщхэу БитIэхъу Амурбэч, Алборэ Арустам, КIуащ Аслъэнбэч, Асанов Мурат сымэ я фэеплъу.

Захуагъэр, хуитыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр зи лъабжьэ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр республикэм и щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIащ иджыблагъэ. Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж иIэ утыкум щэкIуэгъуэм и 4-м щекIуэкIа нэгузыужь Iуэхугъуэхэр абы ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэта дауэдапщэхэм я нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунут. Республикэм и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, волонтёрхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр хэтащ а Iуэху дахэм.

«Урысей зэкъуэт» партыр Бахъсэн и паркым ирогушхуэ

Депутатхэм щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ Бахъсэн къалэм щыIащ икIи «Урысей зэкъуэт» партым и проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща паркым еплъащ.

ЛъэпкъылI

Мамхэгъ Михаил ящыщщ IуэхущIафэ дахэкIэ зэманыр зыгъэнщIахэм, цIы­хубэ хозяйствэм зегъэу­жьыным зи гуа­щIэшхуэ хэзылъхьахэм. ­Губзыгъэт, Iэ­натIэ зехьэ­кIэм хуэIэзэт. Къулы­къушхуэ иIыгъми, къызэ­рыгуэкIт, бэм я псэм ды­хьэрт. И псалъэм зэрытеб­гъуэтэжым, гупсысэ узын­­шэхэр къызэрыбгъэ­дэкIым и пщIэм хигъахъуэрт. Дунейм, гъащIэм ще­кIуэкIхэм, къыщыхъу-къы­щы­щIэхэм нэ жанкIэ пхыплъыфырт, а псор тэ­мэму, пэжагъ хэлъу зэ­пилъытыфырт. Къыхуиухар кърихьэлIэхункIэ ­хэ­кумрэ лъэпкъымрэ хьэ­лэлу яхуэлэжьащ, и фIы куэд цIыхухэм яригъэ­кIащ.

Псалъэ итам епцIыжыртэкъым

Мамхэгъ Михаил, шэч хэмылъу, нур зиIэ цIыху пэжт, къабзэт. Республикэм и уна­фэщI IэнатIэу абы десхьэ­кIа­хэм илъэс тIощI хуэдиз ­къеубыд, зыр адрейм дыкъыгуры­мы­Iуэу зы махуи къытхуихуа­къым. Нэ­мысышхуэрэ пэжы­гъэрэ зыхэлъ цIыхур дэнэкIэ ямыгъакIуэми, екIуу и IэнатIэр ири­хьэкIащ, цIыхум гуапэу ­хущыту, лъэпкъ Iуэхум теухуауэ къи­кIуэт жыхуаIэр имыщIэу. Аращ абы Къэбэрдей-Балъ­къэр­ цIыхубэм я пщIэр къы­щIи­лэжьыфар.
Дохъущокъуэ Мусэ,
1983 - 1988 гъэхэм КъБР-м и Ми­нистрхэм я Советым и Уна­фэщI
къулыкъур зыIыгъа. 2011 гъэ

ФIым къимыхьар Iейм къишэнукъым

Мамхэгъ Михаил КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм икIэщIыпIэкIэ иригъэкIуэкIа 12-нэ зэхуэсыгъуэм щыжиIахэм щыщ

Къалэным хуэпэж лэжьакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм мафIэсыр гъэункIыфIыныр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и оперативнэ плъыр ЛIуп Амир 1992 гъэм лэжьэн щыщIидзащ Налшык къалэ и плъыр часть №1-м икIи къэрэгъулым и унафэщIым нэсащ. Ар щылэжьащ мафIэс часть №10-м (Тырныауз къ.), №19-м (Налшык къ.), №8-м (Къашкъэтау). Мы IэнатIэм зэрыщылажьэ илъэс 27-м къриубыдэу ЛIупыр хэтащ мафIэс куэдым.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ