|
|
Жылагъуэ
1 февраля, 2022 - 14:55
Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм пщIэшхуэ хуащI жьэгу пащхьэ мафIэм. Абы лъабжьэ хуэхъуар иджыкIэ IупщIкъым. Ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ нартхэр щIыIэм ису Сосрыкъуэ мафIэ къихьу къыщригъэлам е адыгэхэр мажусий диным щита лъэхъэнэм къыщежьауэ.
«Тхьэуэ мор зи уафэ, Тхьэуэ мыр зи щIылъэ» жаIэу тхьэ зэраIуэу щытам ещхьыркъабзэу, «Тхьэуэ мор (е мыр) зи жьэгу пащхьэ мафIэ» тхьэрыIуэр куэд щIауэ щыIэщ. Аращи, жьэгу пащхьэ мафIэр Тхьэпэлъытэу ябжу щытащ.
1 февраля, 2022 - 11:41
ЩIыуэпс хъыбархэр
«Урысейм и псыр» урысейпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэр хэплъэжащ 2021 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм икIи наIуэ къэхъуащ япэ увыпIи 10-м хэхуа щIыналъэхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди щIыналъэм иIыгъщ 9-нэ увыпIэр.
БлэкIа илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы Iуфэхэр гъэкъэбзэным хэтащ цIыху мин I3-м щIигъу. Абыхэм псы Iуфэ километр 430-рэ ягъэкъэбзащ, зэхуахьэсащ кIэрыхубжьэрыху тонн бжыгъэхэр. Iуэху щхьэпэр къыхэзылъхьари езыгъэкIуэкIари УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэрщ.
1 февраля, 2022 - 11:00
Зы хьэрычэтыщIэ гуэрым Африкэ Ипщэм налмэс (алмаз) къыщищэхуащ, джэдыкIэ кугъуэ хуэдиз хъууэ. Ар унэм нэсыжу зэпиплъыхьа нэужь, и кур къызэрычам гу лъитэри хуабжьу и жагъуэ хъуащ.
1 февраля, 2022 - 08:44
Бзылъхугъэм и къуэ цIыкIум и Iэпэр иIыгъыу гъыуэ дохутырым деж къыщIэкIыжащ. Абы дохутырым къыжриIам и гур хигъэщIат.
- Апхуэдэ хъыбар бжесIэну къысхуегъэзэгъыркъым, ауэ уи къуэм и акъылым зиужьыркъым, - жиIащ дохутырым щIалэ цIыкIур зэпиплъыхьу упщIэ зыбжанэкIэ зыхуигъэза нэужь. ИкIи школым ямыгъэкIуэну чэнджэщ къритащ.
Бзылъхугъэр унэм къэкIуэжа нэужь, унагъуэм щIэс балигъхэр зэчэнджэщри, зи ныбжьыр нэса щIалэр япэ классым кIуэхэм храгъэтхэну мурад ящIащ, адэкIэ къэхъум теухуауэ унафэ ящIыну зэгурыIуэри.
1 февраля, 2022 - 07:35
Бахъсэн къалэ администрацэмрэ «Экологистикэ»-мрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету, абы и уэрамхэр ягъэкъэбзащ махуитIым къриубыдэу икIи дашащ кIэрыхубжьэрыху машинибл.
Зи гугъу тщIыр пхъэнкIийкъым, атIэ, ухуэныгъэмрэ пхъэ зэпахамрэ кIэрыхубжьэрыхущ. Апхуэдэр мыдрейхэм ящIыгъуу дашыркъым, зэгурыIуэныгъэ щхьэхуэ хуейщ ар Iуашын папщIэ. Аращи, щIыпIэ администрацэм и гулъытэмрэ жэрдэмымрэщ псори зэлъытыжар.
31 января, 2022 - 14:05
2021 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» кредиту къыIахащ сом мелард 1,4-м щIигъу. Ипэ ит илъэсым елъытауэ ар процент 20-кIэ нэхъыбэщ.
31 января, 2022 - 13:45
Хэку зауэшхуэ зэманым КъардэнгъущI Зырамыку и нэгу щIэкIа псэзэпылъхьэпIэхэм ящыщу къиIуэтэжауэ щытащ мы хъыбарыр.
Пщэдджыжь къэс гъэрхэр мэлым хуэдэу дызэхуахусурэ Iуэм дыкърахуурэ дагъэлажьэрт. Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым гъэрхэм ящыщ зытIущ шхын щхьэкIэ мылIэу. Дапщэрэ Iуэм дыкъыдахуами, набдзэгубдзаплъэу сызэплъар абы нэхъ тыншу сикIа зэрыхъунырщ. Си ажалыр абы хэлъми, Iэмал имыIэу нэмыцэIуэм сикIуэсыкIыну быдэу мурад сщIати, зы Iэмал къызогъуэт. Шхын щхьэкIэ силIыхь нэхърэ нэхъыфIт.
31 января, 2022 - 12:00
Шотланд фермер гуэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм шэд щыкуэд щIыпIэ блэкIырт. Абы хэту лIым кIий макъ зэхех. Зигъазэрэ плъэмэ, щIалэ цIыкIу шэдым хэхуауэ щIелъафэ. Сабийр къызэрыхэпщыжын Iэмал къилъыхъуэрт, ауэ зыщIэзышэ ятIагъуэм ауи пэлъэщыртэкъым. Ар и макъ къызэрихькIэ мэкIий, гужьеигъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ хэхуауэ.
31 января, 2022 - 11:20
И IуэхущIафэкIи и дуней тетыкIи жылагъуэм пщIэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Хьэтуей къуажэм щыщ, илъэс 50-м щIигъукIэ гъукIэу лэжьа Бесчокъуэ Далым.
30 января, 2022 - 10:42
Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы хущхъуэхэм нэхърэ нэхъ сэбэпрэ къабзэрэ къэгъуэтыгъуейщ. Апхуэдэщ «Аушыджэр и псыхуабэхэр», «Нарзанхэм я къыщIэжыпIэ» щIыпIэр.
Страницы
|