|
|
Жылагъуэ
28 января, 2022 - 08:30
Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щыхьэр Дубай щызэрахьэ хабзэхэм язщ лъэхъуэщым ис щIэпхъаджащIэхэм КъурIэн лъапIэр гукIэ зэрагъащIэмэ, тезыру ятелъ илъэс бжыгъэр зэрыхухагъэщIыр.
Лъэхъуэщым ис нэрыбги 115-м я тезырым мазихым щегъэжьауэ илъэс 20-м нэс хухагъэщIащ. КъурIэн лапIэм щыуагъэншэу еджэу ирагъэса нэужь, тутнакъи 124-м къэпщытэныгъэхэр тест IэмалкIэ ирагъэтыжри, хэт и илъэс бжыгъэм хухагъэщIащ, хэти къаутIыпщыжыпащ. Зи гугъу ящI цIыхуи 1I24-м щыщу 115-м гукIэ зэрагъэщIа сурэ бжыгъэм елъытауэ, я Iуэхум хэплъэжахэщ.
28 января, 2022 - 08:00
ПедагогикэмкIэ Москва дэт къэрал университетым къыдигъэкI «Локус» журналым и зы номерым тхыгъэ гъэщIэгъуэн итщ. Ар зытеухуар Ленинград блокадэм къыдаша сабийхэр Беслъэней адыгэ къуажэм дэсхэм къызэрырагъэламрэ, зэрапIамрэщ. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр Израилым щыщ профеесор Аурон Яиррэ Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александррэщ. Тхыгъэм щыщ пычыгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.
27 января, 2022 - 17:10
Урысейм щыщ муслъымэнхэм ягу хэхъуэу зэIэпах щIышылэм и 19-м Ираным и президент РэIиси Ибрэхьим Кремлым щыщIыхьэм «Iэссэламу алейкум» зэрыжиIэу, Путин Владимир абы «Уэ алейкуму сэлам» псалъэхэмкIэ къызэрыпэджэжар къызэрыщ видео кIэщIыр.
27 января, 2022 - 15:38
Алборэ Iэминат Старэ Шэрэдж къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу 1982 гъэ лъандэрэ щолажьэ. НыбжьыщIэхэм адыгэбзэр шэрыуэу яIурылъыным, адыгэ хабзэм щIэпIыкIыным, лъэпкъым хуэфэщэн щIэблэ къэгъэтэджыным апхуэдиз илъэс хъуауэ елIалIэ егъэджакIуэ гумызагъэм зыхуигъэувыжа къалэнхэр къызэрехъулIэм и щыхьэтщ абы и еджакIуэхэм район, республикэ зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр къызэрыщахьыр, школыр къауха нэужь балигъ гъащIэм цIыху нэсу зэрыхэувэр.
27 января, 2022 - 14:36
Британием къыщыдэкI «Daily Telegraph» газетым къытрадзащ Интернетыр къызэрежьэрэ цIыхухэм яIэщIэхуа Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абы дызыхуишэнур фIыми Iейми зэманым къигъэлъэгъуэнщ.
27 января, 2022 - 13:33
Пщы хъуэж. Пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Хабзэм тету пщымрэ уэркъымрэ зэгурыIуэрти зэувалIэрт уэркъым пщым къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр пщым и гъусэу зэуакIуэ кIуэрт, абы жиIэр ищIэрт, пщыр къыщеджэм и деж къэгъазэ имыIэу и Iуэхур дызэфIигъэкIырт. А къулыкъум пэкIуэу пщым уэркъым иритырт щIы Iыхьэ, пщылI зыбжанэ, Iэщ, Iэщэ-фащэ. Хабзэм къызэриубыдымкIэ, пщым уэркъым и жагъуэ ищIмэ, абы и уэркъ тыныр пщым иритыжырти, нэгъуэщI пщым и деж кIуэрт, къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр нэгъуэщIыпщым и деж кIуамэ, абы пщы хъуэжкIэ еджэу щытащ.
27 января, 2022 - 09:30
Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ зэкъуэшищ я мэкъупIэ Iыхьэр паупщIыну мэкъуауэ шызакъуэгукIэ ежьат. Куэд дэмыкIыу зэкъуэшхэр якIэщIыхьащ гъуэгурыкIуэ ДжэгуакIуэм. Я къуэш нэхъыщIэр гупхэмкIэ ягъэтIысри, нэхъыжьитIым къахуэзар я кум дагъэтIысхьэщ щIакIуэ щабэм тесуи, адэкIэ ежьэжащ.
Жыжьэ мыкIуауэ джэгуакIуэм жиIащ зэрыцIыхуамэ зэрынэхъыфIыр, занщIэуи къуэш нэхъыжьым еупщIащ:
- Уэ хэт уи цIэр? – жиIэри.
ЗэупщIар укIытэри закъомрэ жэуап къитыжакъым. ИтIанэ жиIащ и цIэр зэрымыпщIэгъуалэри, тIэкIу зэрымыгурыхьри.
- Тхьэжьбийщ си цIэр.
27 января, 2022 - 08:55
Чанбэ Самсон и цIэр зезыхьэ Абхъаз къэрал драмэ театрым и утыкум япэу щагъэлъэгъуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, драматург, усакIуэ, журналист, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Сариа» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр.
26 января, 2022 - 13:00
2021 гъэм къриубыдэу «Урысейм и Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм къыдигъэкIащ зэрыщахуэ картэ мин 12,5-рэ. Илъэс блэкIам ипкъ иткIэ псори зэхэту абы щIыналъэм къыщыдигъэкIа картэхэр мини 175,5-м щIигъуащ.
КъыдагъэкIахэм я процент 35-р – цIыхухэм улахуэ къызэрырат картэщ. Банкым улахуэ тыным ехьэлIауэ IуэхущIапIэ 250-м ядолажьэ, абыхэм я нэхъыбэр бюджетщ.
26 января, 2022 - 12:44
Ди къэралым и сыт хуэдэ щIыналъэми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ лъэпкъ проект куэд. Апхуэдэу, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ди щIыналъэм щаухуащ еджапIэщIэхэр, сабий гъэсапIэщIэхэр. Иджыблагъэ яублащ аргуэру зы школыщIэм и ухуэныгъэр.
Страницы
|