|
|
Жылагъуэ
23 февраля, 2022 - 09:28
Мазаем и 23-м Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. Ар 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр.
23 февраля, 2022 - 09:28
Хэкум и хъумакIуэм и махуэм дигу къыдогъэкIыж абы и щхьэхуитыныгъэм щхьэмыгъазэу щIэзэуахэр. Ди къэралым зы унагъуи ису къыщIэкIынкъым 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и гузэвэгъуэмрэ бэлыхьымрэ зымышэча, куэдми-мащIэми абы и мафIаем имылыпщIа. Сэ сыкъызыхэкIа Таухэ я унагъуэми къатехуащ а зэман хьэлъэм и удын. ЛIыхъужьыгъэ хэлъу фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ ди адэ Тау ХьэзрэIил. Абы и шынэхъыщIэ Бориси хахуэу зэуащ, къикIуэт имыщIэу, и псэри ди хуитыныгъэм папщIэ итащ.
23 февраля, 2022 - 07:35
1941 - 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэшхуэм я псэ емыблэжу щызэуахэм, ди къэралым и къыщхьэщыжакIуэ, хъумакIуэ нэс хъуахэм ящыщщ Кыщпэкрэ Венэрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэшхуэр щIыхь пылъу зыкIуа Ныбэжь Хьэжмырзэ.
23 февраля, 2022 - 05:37
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэр лIыхъужьыгъэмрэ хэкур фIыуэ лъагъунымрэ къэралым и тхыдэм хахуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм, нэхъыжьхэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэмрэ я зэпыщIэныгъэм я нэщэнэщ. ЛIэщIыгъуэхэр зэблэкI пэтми, цIыхухэр текIуэныгъэшхуэхэм нэхъри зэкъуигъэувэу, я Хэкум иригушхуэу, хэкуэгъухэм я лIыхъужьыгъэм ирипагэу къогъуэгурыкIуэ.
22 февраля, 2022 - 13:59
ЦIыхугъэкIэ, гуапагъэкIэ, гуащIэдэкI лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ Лэскэн районым хыхьэ Аргудан жылэм щыщ ГунжафIэ Лъостэнбий Нурхьэлий и къуэм гъащIэр. «ФIы зыщIэ и пщIэ кIуэдыркъым» щIыжаIэр абы и деж щынэрылъагъущ. ГунжафIэм и Iэужь дахэм абы и цIэр гъащIэм къыхинащ, и дуней тетыкIар куэдым я щапхъэщ.
22 февраля, 2022 - 11:41
Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгуэр щыхьэщIа дэтхэнэми ар гуапэу игу къонэж икIи щIыналъэм къызэригъэзэжыным хущIокъу. Апхуэдэу ди щIыпIэ дахэм итхьэкъуахэм ящыщщ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, публицист Пряжников Александр Владимир и къуэр.
22 февраля, 2022 - 09:28
Къэрал, лъэпкъ лэжьакIуэ цIэрыIуэ
Къанокъуэ Арсен илъэс 65-рэ ирокъу
21 февраля, 2022 - 14:55
Урысей Федерацэм, Адыгейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я союзым Шостаковичым и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, УФ-м и композиторхэм я союзым хэт, а IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъумкIэ дохъуэхъу.
21 февраля, 2022 - 14:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар дэIэпыкъуныгъэ яхуригъэшэнущ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм къиIэпхъукIыу Ростов щIыналъэм IэмалыншагъэкIэ къэкIуахэм.
21 февраля, 2022 - 14:00
Дахагъэ къэзыгъэщIыфIым и гур нэхущ. Апхуэдэщ гъуазджэм и цIыху пажэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ я артист Батыр Мухьэдин. Мухьэдин хуэпэжщ и IэщIагъэм, нэхъыщхьэращи, лъэпкъым псэ къабзэкIэ бгъэдэтщ. ЕгъэлъапIэ абы и пщIэр зыIэт дэтхэнэ Iуэхугъуэри.
Страницы
|