|
|
Жылагъуэ
10 января, 2022 - 12:00
Налшык и теплъэр кIуэ пэтми йофIакIуэ. Къалащхьэм и зы хьэбли къэнакъым лъэс зекIуапIэ екIухэр щамыухуарэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжэIупэхэр зэIузэпэщ щамыщIарэ. КъищынэмыщIауэ, «Хрущевка» унэ куэдыр, къомыцIыхужыным хуэдизу, къагъэщIэрэщIэжащ.
10 января, 2022 - 11:41
Иджыблагъэ дунейм къытехьащ адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр щызэхуэхьэса зэрырагъаджэ тхылъ.
Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар Зеикъуэ къуажэм гъуазджэмкIэ и еджапIэм, «Кавказ» цIыхубэ уэрэджыIакIуэ ансамблым я унафэщI Жылау Арсенщ. Абы и цIэр фIыкIэ зыгъэIуар жэуаплыныгъэ хэлъу кърихьэлIэ къулыкъухэм я закъуэкъым. Ар уэрэдусщ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу, макъ гъэтIыса гуакIуэкIэ и уэрэдхэр езым щигъэзэщIэжи щыIэу
10 января, 2022 - 09:25
Апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэт Iуэхум хыхьэу Прохладнэ районым и полицэм и лэжьакIуэхэм зэIущIэ зыбжанэ ирагъэкIуэкIащ.
Урысейм и МВД-м Прохладнэ районымрэ Прохладнэ къалэмрэ балигъ мыхъуахэм ядэлэжьэнымкIэ щаIэ къудамэхэм я инспекторхэм къыхуеджэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр утыку кърахьащ Коррупцэм пэщIэтыным хухэха махуэм ирихьэлIэу.
30 декабря, 2021 - 08:49
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ щIэрыщIэу хахыжауэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэм.
30 декабря, 2021 - 07:18
ДыхуэпIащIэу, фIы куэдкIэ дыщыгугъыу апхуэдэщ сыт щыгъуи ИлъэсыщIэр. А псалъэм дэтхэнэ цIыхуми ирипхыр езыр нэхъ зыхуэпабгъэ, къехъулIэну нэхъ зыщIэхъуэпсу и пщIыхьым хэмыкI Iуэхугъуэхэращ. Щрет ар мылъкушхуэу е узыншагъэ быдэу, щIэныгъэу, ехъулIэныгъэу, лъагъуныгъэу е мамырыгъэу. А псоми сахэмыдэу икIи зэкIэрызмычу, зы хэмыщIу, зэуIуу фхузогъэфащэ ди цIыху псоми, Тхьэшхуэри а фIыгъуэхэмкIэ къыфхуэупсэну сыфхуохъуахъуэ.
29 декабря, 2021 - 16:06
ИлъэсыщIэм ипэ къихуэу КъБКъУ-м и залышхуэм концерт гукъинэжкIэ щызэхуащIыжащ «Амикс» ансамблым и унафэщI Къул Амиррэ Ланэрэ къызэрагъэпэща «Клуб за 30» проектым и япэ Iыхьэр.
29 декабря, 2021 - 13:44
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хыхьэу, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ журналист Магомедовэ ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Зы сэлэтым и хъыбар» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр.
28 декабря, 2021 - 11:46
КъБР-м и Iэтащхьэр ехъуэхъуащ УФ-м КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм щылажьэхэм.
25 декабря, 2021 - 10:29
IэщIагъэлI нэс, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэ, унафэщI гумызагъэ…
25 декабря, 2021 - 08:25
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам хэтащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ программэр зэрагъэзащIэм теухуауэ иригъэкIуэкIа онлайн-зэIущIэм.
Страницы
|