Жылагъуэ

ЩIэблэ гъэсэныгъэр IэщIагъэу

ЦIыхум и дунейр щыщIэщыгъуэм деж и хъуреягъми фIыгъэкIэ догуашэ. Абы езыми и гур егъэнщIыж. Нобэ фыхэдгъэплъэнущ зы цIыху и дуней дахэ, Мэремкъул Маринэ и дунейм!

ЛъэхъэнэщIэм – къалэныщIэхэр

Урысей Федерацэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм иджырей лъэхъэнэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр щокIуэкI. «Егъэджэныгъэм и хабзэхэр» къэрал дэфтэрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм автономие иратащ, абы щызэфIах егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ, финанс, экономикэ Iуэхугъуэхэм, абыхэм епха мардэхэм, методикэ Iэмалхэм, технологиехэм ятеухуа хуитыныгъэхэр зэраIэм и щыхьэту. 

ХъымыщкIей - Хамышки

Тхыдэмрэ щIыуэпсымрэ

Дахагъэр къыщежьэр цIыхугурщ

Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Беслъэней жылэм къыщалъхуащ, Черкесск къалэм щопсэу Абыдэ (Уэхъутэ) Ася. Абыдэ Ася Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Черкес гъуэгу» газетым и лэжьакIуэщ.

Жьыр щыкIэрахъуэ щIыпIэ зэпэщимэр

Бермуд зэпэщимэр Атлантическэ тенджызым и зы щIыпIэщ, Флоридэ, Бермуд хытIыгухэр, Поэрто-Рико щIыпIэхэмкIэ и гъунапкъэхэр гъэбелджылауэ. Бермуд зэпэщимэм и къэухьу къабжыр квадрат километру мелуаным щIигъу. Ауэ языныкъуэ къэпщытакIуэхэм а бжыгъэр нэхъыбэжуи хуагъэфащэ.

Экономикэ «щхъуантIэм» зэрытехьэну щIыкIэм тепсэлъыхьащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Углеродыр мащIэу щызэрахьэ экономикэ лIэужьыгъуэм хуэкIуэ Урысейм мэкъумэшым елэжь и щIыналъэхэр зэрыхэувэ щIыкIэхэмрэ абы епха Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ. ЩIыуэпсым и щытыкIэм тещIыхьа проектхэр: IэмалыщIэхэмрэ хэкIыпIэщIэхэмрэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейр иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Псыежэх зэпрыкIыпIэ

1950 гъэм, Накъыгъэм и 9 махуэ лъапIэм техуэу, Хэку зауэшхуэм хэту къэзыгъэзэжа ди адэ Хьэзрит си къуэш нэхъыщIэмрэ сэрэ къытхуищэхуащ шэрхъитI зыщIэт лъакъуэрыгъажэ. Сэ а тыгъэм икъукIэ сыщыгуфlыкlат.
Ауэ къэжыхьыкIэ тщIэртэкъыми, пщэдджыжьыпэм къыщыщIэдзауэ жэщ къыттехъуэху, хьэблэм дэс си ныбжьэгъу щIалэ цIыкIухэр ди гъусэу, лъакъуэрыгъажэр къетлъэфэкIырт, зыдгъасэу. Сыт дымыщIэми, ди Iуэхур къыдэхъулIэртэкъым: лъакъуэрыгъажэр дэркIэ иныIуэу къыщIэкIат, лъакъуэтегъэувапIэм ди лъакъуэхэр нэсыртэкъым, дыкъехуэхырт.

Псы псалъэм и зэтепщIыпщIэкIэ

КIахэ адыгэбзэм хэтщ, «псы»-р зи лъабжьэ, абы къытепщIыкIа, къэбэрдейхэми гурыIуэгъуафIэ тщыхъуну псалъэхэр.

Ажек – Ажы-къуэ – Ажэ-къуэ

Сочэ зи фIэщыгъэ псым ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къыхэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зыщ. Зи пкъыр IыхьитIу зэхэт псалъэм и къэхъукIэм теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэмкIэ госпиталитI щызэхуащIыж

Иужьрей тхьэмахуиплIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ щыхъуащ коронавирус уз зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр. КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIэмкIэ, блэкIа тхьэмахуэм елъытауэ, узым и гуащIагъыр процент 22-кIэ хэщIащ.  

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ