Жылагъуэ

Зауэ лъэхъэнэм

Зауэ гъуэгуанэр кIыхьащ икIи гугъуащ. ПсэзэпылъхьэпIэ мащIи иришакъым абы ХьэфIыцIэ Хьэзиз. Краснодар, Кърым, Севастополь, Керчь, Сапун-Бгы, Бодайскэ куэбжэ… Зауэ гуащIэ щекIуэкIащ а щIыпIэхэм. Ахэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Хьэзиз и нэпсыр къыфIекIуэрт. Ар цIыху быдэт, жыру япсыхьа фIэкIа умыщIэну, къэдзыхэу аратэкъым, атIэ къэзыгъэхашэр зауэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм лъэ увыпIэ умыгъуэту щикъухьа сэлэт тхьэмыщкIэхэм я хьэдэхэм ящхьэщыта гъуэз фIыцIэмрэ гынымэ гуащIэмрэ къыщIихьэжри, гынымэ дыджыр и Iум кърихьэжати аращ.

Я фэеплъыр ягъэлъапIэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ Ветеранхэм я советым щыщхэмрэ НКВД-м и 11-нэ дивизэм и 278-нэ фочауэ полкым и зауэлI мыцIыхуитIым, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм къалэр яхъумэу хэкIуэдахэм, я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.

Май щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ. Жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри. Апхуэдэу, лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, Май щIыналъэм и жылагъуэ зыбжанэ зэпха Шэрэджыпсым телъ лъэмыжми, Май къалэ - Заречнэ - Новоивановскэ жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгуми я зэгъэпэщыжыным лэжьыгъэшхуэ иращIылIащ.

Президент хэхыныгъэхэр къоблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы къыщызэрагъэпэщащ 2024 гъэм къэралым щызэхэтыну Президент хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъын, ныкъусаныгъэ хэлъхэр сэтей къэзышIын ЩIыналъэ жылагъуэ штабыр. ЗэIущIэм хэтахэр хэплъащ штабым хагъэхьэнухэм я кандидатурэхэм, апхуэдэуи абы и зэхэлъыкIэнумрэ зэрылэжьэну щIыкIэмрэ. 

Ахъшэ щIыхуэм хохъуэ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ. 

Улахуэхэм хагъахъуэ

Къэралым и бюджет IэнатIэхэм щылажьэхэм я хэхъуэр нэхъыбэ щIыным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и Правительствэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэпымыууэ ирегъэкIуэкI, УФ-м и Президентым къахуигъэува къалэнхэр игъэзащIэу. 

ХьэкIэкхъуэкIэхэми лIыгъэм пщIэ хуащI

Къэхъуа

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ зыбжанэм екIуалIэ, километрибл зи кIыхьагъ гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ щызэрагъэпэщыжащ.

Урысейм и цIыху дыхъуну дыхуейщ

           Урысейм Палестинэм хиубыдэ Газэ секторым щыIэ и цIыхухэр къишэжын щIидзащ щэкIуэгъуэм и 12-м. А лэжьыгъэр зэфIегъэкI УФ-м КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм япэщIэтынымкIэ и министерствэм (МЧС).

        Урысей Президентми абы и унафэкIэ Iуэхур зэфIэзыгъэкI МЧС-ми фIыщIэ хуэзыщI цIыхухэр ди къэралым къаша къудейкъым. Абыхэм ящыщ куэд Кавказым къагъэIэпхъуащ. «Дэ Урысейм и цIыху дыхъуну дыхуейщ», - жиIащ Дагъыстэным Газэм щыщу къаша гупым  я нэхъыжьым.

Тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс

Налшык къалэм дэт, щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ Центрым иджыблагъэ тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Тхыдэр фIыуэ зылъагъу, ар куууэ зыджыну хуей щIалэгъуалэм Iэмал ягъуэтащ къэралми, щIыналъэми, жылагъуэхэми я блэкIам зэрыхащIыкI щIыкIэр утыку къащIыну, я щIэныгъэр здынэсыр IэщIагъэлIхэм ирагъэлъагъуну.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ