Жылагъуэ

ЗыгъэпсэхупIэхэр зэIузэпэщ ящI

Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, «Нэгузегъэужьымрэ хьэщIагъэ хынымкIэ» пэхуэщIэм хиубыдэу ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ухуэныгъэу тIу хьэзыр щащIащ. Паркым и администрацэм и унэм и Iэгъуэблагъэр щIы IэнэщIу щытащ. Абдежым щызэтралъхьэрт паркым илэжьыхь техникэхэмрэ жьы хъууэ къыфIахыжа хъыринэхэмрэ къыпкърахыжа пкъыгъуэхэр, н.къ. А щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ икIи абы къыщызэIуахащ иджырей мардэхэм тету цIыху ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ щIыпIэ щхьэхуэ зыхэт санузел, анэхэмрэ сабийхэмрэ, Iуэхутхьэбзэ зыщIэхэм я пэш щхьэхуэхэр.

Ахъшэм зэрыхэкIыжауэ щытар

Мыр езы ди нэхъыжьым жиIэжу зэхэсхыгъати, зэрысщIэжым хуэдэ дыдэу къызоIуэтэж. Зырамыку и автобиографием зэрыритхэжащи, зауэр и кIэм нэсауэ, уIэгъэ хьэлъэ хъури, куэдрэ госпиталым щIэлъащ. Дунейр мамыр зэрыхъужрэ зыкъом дэкIауэ къигъэзэжа нэужьи, зыхуеджа артист IэщIагъэм асыхьэтым иримылэжьэфынкIэ шынагъуэ иIэти, зы илъэс енкIэ къуажэм дэсащ. ИтIанэщ Налшык къыщигъэзэжар.

Зэманыр IуэхушхуэхэмкIэ зыгъэнщIа

Дуней гъащIэм и кIыхьагъым елъытауэ цIыху щхьэхуэм къигъащIэ илъэсхэр абы и зы уафэ хъуэпскIыгъуэу е и зы дыгъэ къыщIэкIыгъуэу къыпщохъу. ИтIани, цIыху гъащIэм апхуэдизу мыхьэнэшхуэ иIэщи, псэм и уахътыр къыщысар хьэлъэщ. Сыт-тIэ цIыхум къигъанэр езым и ужькIэ? И Iэужьырщ, Iуэхурщ, псалъэрщ, щIэблэрщ. ЦIыхур щымыIэжми, псэухэм куэдрэ я гум илъщ ахэр зи лъабжьэ фэеплъыр. И Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ ящIыгъуу, языныкъуэ цIыхухэм я шыфэлIыфэр зэманкIэрэ щахъумэ жылагъуэми къэралми.

Лъэпкъ щIэныгъэлIхэм я гъуазэ

Япэ итахэр

Адыгэ еджагъэшхуэ, щIэныгъэлI, тхыдэдж икIи тхакIуэ Къудащ Елбэздыкъуэ цIэрыIуэ зэрыхъуа и IэдакъэщIэкIхэм ящыщщ «Къэбэрдейм и тхыдэ хъыбархэр» тхылъ гъэщIэгъуэныр. АдыгэлI щэджащэм и гъащIэмрэ зэфIиха щIэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ ятеухуа къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIауэ щытащ КъБКъУ-м и доцент, критик цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий, профессор Къумыкъу Тыгъуэн сымэ, нэгъуэщIхэми. Абы и гъащIэм, и псэукIэмрэ лэжьыгъэмрэ, гуращэу иIар сэтей къэзыщI къэхутэныгъэхэр ди щIэныгъэлIхэм иджыри ирагъэкIуэкI.

ЩIыуэпс хъыбархэр

Сочэ кIэрыхубжьэрыхум щIигъэнащ

Сочэдэсхэм я къалэм теухуауэ гукъеуэшхуэ яIэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэр апхуэдизкIэ кIэрыхубжьэрыхукIэ кудащи, узыфэ зэрыцIалэхэр къэхъеинкIэ мэшынэ. 
«Апхуэдиз мылъкурэ къарурэ зытрагъэкIуэда къалэм мэ Iейм удигъэхьэркъым, емынэр ди бжэIупэм къэсауэ жыпIэ хъунущ», - мэтхьэусыхэ къалэдэсхэр. Ар къызыхэкIар псы фIейр зэрамыгъэкъэбзэжыфыр, уеблэмэ зэрыщытыбзэу хым зэрыхагъэлъадэрщ, кIэрыхубжьэрыхухэм емылэжьу, щIыпIэ хэхам щызэхуамыхьэсу, щхьэж здыхуейм деж зэрыщрикIутырщ. 

Лъэпкъым къуэпс быдэкIэ пыщIащ

ЗэфIэкI гуэр къызыкъуэкIа, ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа цIыхухэр гъэлъэпIэныр хабзэ дахэу щызокIуэ Хьэтуей жылэм. Апхуэдэ Iуэхум теухуа зэхыхьэ гуапэ щызэхэтащ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. 

Нарт и зэфIэкI

ЛIышэ Нарт къыщалъхуари къыщыхъуари Иорданиеращ. Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм зи хэку зрагъэбгына мухьэжырхэм я щIэблэ щIалэм зэрыцIыкIурэ и мурадщ хэкум зэ нэхъ мыхъуми къэкIуэну, къехъулIэмэ, щыпсэуну къэIэпхъуэжыпэну. Абы и адэр адыгэщ, и анэр убыхщ. Адыгэ унагъуэм къыщыхъуа сабийхэр IуэрыIуатэм, адыгэ хабзэм щIапIыкIати, къызыхэкIам хуэфащэу гъащIэм хэуващ. 

Дыгъэм зыхуегъазэ

ЛатиныбзэмкIэ, дыгъэгъазэм «дыгъэм и гъэгъа» жиIэу къокI. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэм ядоIэпыкъу

2023 гъэм и япэ мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ Лъэпкъ шэсыпIэ зэгухьэныгъэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу щIыхуэу сом мелард 1,2-рэ къратащ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 37,6-кIэ нэхъыбэщ ар. 
Абы щыщу сом мелуан 791-р къащтащ КъБР-м щылажьэ IуэхущIапIэ курытхэм, сом мелуан 415-р IуэхущIапIэ мыинхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых IэнатIэм зыщезыгъэтхахэм – сом мелуан 1,7-рэ. 

Адыгэбзэр зыджа щIэныгъэлIхэр

Марр Николай
 Кавказым щIэныгъэр къыщызэзыгъэпэща еджагъэшхуэ, бзэ щIэныгъэлI, тхыдэтх, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием, 1912 гъэ лъандэрэ Петербург Академием хэта Марр Николай Кутаиси къалэм 1864 гъэм къыщалъхуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ