Жылагъуэ

Къуэпс быдэ

Тыркум  щыщ  жылагъуэ  лэжьакIуэ цIэрыIуэ,  адыгэ уэрэджыIакIуэ,  уэрэдус  Къущхьэ  Догъан

Лъэпкъ тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ гуузхэм ижь зыщIихуахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу адыгэлI жыджэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым илъэсибгъукIэ хэлэжьыхьа, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэхуэхьэ­сы­жыным, гъэзэщIэным куэд щIауэ дихьэх, хэкурысхэми хамэ щIыпIэ щыпсэухэми фIы дыдэу яцIыху ­Къущхьэ Догъан.

Хэхэс адыгэхэм я япэ лъагъуэхэш

«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 2001 гъэ ­лъандэрэ къыдигъэкI «Ди цIыху цIэры­Iуэхэр» серием хэту иджыблагъэ дунейм къытехьащ «ХьэфIыцIэ Мухьэмэд: хэхэс адыгэхэм я лъагъуэхэш» («Мухамед Ха­фицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья») тхылъыр.

Иджыри зы хьэщIэщ

«Архъыз» зыгъэпсэхупIэм и кIапсэ гъуэгухэм ящыщу ищхъэрэкIэ гъэзам метри 150-кIэ и ­гъунэгъуу «FloraBoutique - Hotel&Spa» къатищу зэтет унэщIэм (метри 1650-рэ и лъэгагъщ) зыкъыщиIэтащ.

И зэфIэкIыр инт

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ Къуэдзокъуэ Хьэсэн къызэралъхурэ иджыблагъэ илъэс 85-рэ ирикъуащ. 1935 гъэм мазаем и 18-м Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм ар къыщалъхуащ.

Узыншагъэм ехьэлIа Iуэху щхьэпэ

 КъБР-м щыIэ УФСИН-м щызэхалъхьэжащ републикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм дэщIыгъуу ирагъэкIуэкIа «Узыншагъэм и марафон» Iуэхум кърикIуахэр.

Сом мелуани 2-м щIигъу япшын

Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гъатхэпэм и 7-13-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 11527-рэ къызэпаудащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 7-рэ мин 21-м щIигъу. А махуэхэм япшынащ сом 2415500-рэ.

ЯмыцIыху адыгэ бзылъхугъэхэм я бын цIэрыIуэхэр

Пасэрей зэманым адыгэр лъэпкъышхуэу, КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми, Европэми нэсу, хамэ къэралхэм ядэлажьэу, сату дащIэу щытащ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ щIалэгъуалэр гъэру яубыду нэгъуэщI къэралхэм я щхьэхуимыт бэзэрхэм щащэу щытауэ тхыдэм къыхощыж.

Узыр зыпкърытхэм я бжыгъэм хохъуэ

Иджыпсту дуней псом зыщызыубгъуа коронавирусым теухуауэ къамыпсэлъарэ ямытхарэ укIуэдыж. Хэти ар политикэ Iуэху щIэкIэу жеIэ, хэти а вирусыр ди нэгу къытхущIэмыгъэхьэну шынагъуэу, цIыхубэр гужьеигъуэ хамыдзэн папщIэ, абы икIуэдыкIам и пэжыпIэр ямыгъэхъыбару хуегъэфащэ. Арами, пэжыр зыщIыпIи пхуэхьынукъым: къахуэмыгъэувыIэу зызыубгъуа уз зэрыцIалэм цIыху куэд ехь.

Шэджэм районым и суд приставхэр токIуэI

Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу (УФССП) КъБР-м щыIэм щызэхалъхьэжащ 20I9 гъэм IэнатIэ нэхъыфIыр къыхэхынымкIэ екIуэкIа еплъыныгъэ-зэпеуэм кърикIуахэр.

НэхъыфIхэр къыщыхахым гулъытэ хуащIащ ягъэзащIэ Iуэхухэр зэтеублэнымкIэ, судхэм ягъэува хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ, дознаниемрэ административнэ практикэмкIэ къудамэхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм.
Зэпеуэм щытекIуащ нэхъыфIу къалъыта Суд приставхэм я Шэджэм щIыналъэ къудамэр. Абы къыкIэлъокIуэ Тэрч районыр. Апхуэдэ зэпеуэхэр сэбэпщ суд приставхэм я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ..

IэщIагъэ зрагъэгъуэтыну Iэмал яIэщ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щыIащ икIи абы щаIыгъ бзылъхугъэхэм яхуэзащ «Синергия» мэзкуу финанс-промышленнэ университетым и щIыналъэ лIыкIуэ Кулагин Владимир. IуэхущIапIэм и унафэщIхэм ящIыгъуу ар тепсэлъыхьащ ягъэтIысахэр щаIыгъ щIыпIэхэм зэпэщIэхауэ (дистанционнэу) щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтыныр къызэгъэпэщыным.
 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ