|
|
Жылагъуэ
28 февраля, 2020 - 05:15
ЩIэныгъэм зэрыжиIэмкIэ, цIыхур адрей псэущхьэхэм къазэрыщхьэщыкIыр зы закъуэщ - ар мэпсалъэ. НобэкIэ дунейм тетщ бзэ мини 7 зезыхьэ цIыху меларди 7,6-рэ. Дызэрыщыгъуазэщи, щыIэщ къэралыгъуэхэр, лъэпкъ щэ бжыгъэхэр щыпсэурэ, дэтхэнэ зыми езым и бзэрэ и хабзэрэ иIэжу. Гува-щIэхами цIыхур зыщIогупсысыкI: хэт и бзэр нэхъыжь, сыт хуэдэ лъэпкъ псори къызытехъукIыжар, сыт хуэдэбзэ япэ цIыхухэм яIурылъар, щхьэ бзэм зигуэша, дауэ къызэрыунэхуар бзэ мини 7-м щIигъур?
21 февраля, 2020 - 05:21
Зы IуэхущIапIэм ирашу адрейм щагъэIэпхъуэкIэ, хъумакIуэхэм яIэщIэкIыу щIэпхъуэжа бзаджащIэхэм я лъагъуэм зэрытеувэ, ахэр къызэраубыдыж лэжьыгъэхэр къыщапщытэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым.
21 февраля, 2020 - 05:18
МэкъумэшыщIэ-фермер хозяйствэм Iэщ гъэхъунымрэ къэкIыгъэхэм елэжьынымрэ къыщIиха ахъшэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым КИФЩI-м етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
21 февраля, 2020 - 05:18
Токъмакъ Айдын Азей къалэ цIыкIум хиубыдэ Бешкъэзакъ хьэблэм 1951 гъэм къыщалъхуащ. СпортымкIэ егъэджакIуэу ар илъэс 27-кIэ курыт еджапIэм щылэжьащ.Иджыпсту Айдын мылэжьэжу Iэщ зехуэным, вэн-сэным хэтщ.
21 февраля, 2020 - 05:17
Ведомствэхэм зэщIыгъуу ирагъэкIуэкI «Быт» профилактикэ Iуэхум ипкъ иткIэ полицейхэмрэ УФСИН-м и лэжьакIуэхэмрэ къапщытащ Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм щыщ унагъуэхэу я нэIэм щIэтхэр.
21 февраля, 2020 - 05:14
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и СОБР-мрэ ОМОН-мрэ я лэжьакIуэхэр хэтащ Афган зауэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм - Афган зауэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэм абыхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
21 февраля, 2020 - 05:02
Бахъсэн районым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и зэхуэс иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ абы и унафэщI Сэбан Руслан.
ЗэIущIэм хэтащ щIыналъэм и прокурор Башорэ Аслъэн, Урысейм и МВД-м и Бахъсэн щIыналъэ къудамэм и унафэщI Хэжь Аслъэнбий, районым и къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.
19 февраля, 2020 - 10:00
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм зэхилъхьащ «Фэеплъым и гъуэгуанэ» проектыр. Ар зыхуэунэтIар зауэм и лъэхъэнэм фронтым Iута псоми ятеухуа хъыбархэмрэ сурэтхэмрэ зэхуэхьэсынырщ.
19 февраля, 2020 - 05:19
«Доступная среда» къэрал программэм ипкъ иткIэ, сабий творчествэм и «Эрудит» IуэхущIапIэм къыщызэрагъэпэщащ пэшыщIэхэр. Ахэр техникэм и иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ зэщIэузэдащ, пэш кIыфIрэ нэхуу зыщхьэщедз, зэрыжаIэмкIи, сабийм и зыужьыныгъэм хуолажьэ. Пэш кIыфIым цIыкIухэм зыщагъэпсэхуфынущ, нэхум щылэжьэнущ, щыджэгунущ.
19 февраля, 2020 - 05:17
КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и зэIущIэ.
Страницы
|