|
|
Жылагъуэ
10 марта, 2021 - 05:35
Налшык къалэм дэт «Вагъуэпкъ мывэр» Урысейм и скульптурэ нэхъ телъыджэхэм хабжащ.
26 февраля, 2021 - 17:20
Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБКъУ-м и педколледжым мазаем и 19-м щагъэлъэпIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу литературэ-макъамэ композицэ ягъэхьэзыращ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ я егъэджакIуэхэу, филологие щIэныгъэхэм я кандидатхэу Пэщол Сакимэ, Лъостэн Марьянэ, Аппаевэ ФатIимэ сымэ, я студентхэр я дэIэпыкъуэгъуу.
26 февраля, 2021 - 05:25
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ щыщыIам хуэзащ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Залиханов Къанщобий.
26 февраля, 2021 - 05:22
ЦIыхум и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъун папщIэ сабий ныбжьым щыщIэдзауэ дегъэхьэхын хуейщ IэмалкIэ, джэгукIэкIэ, щапхъэкIэ. Абы и IуэхукIэ жэуаплыныгъэ яхьу си гугъэщ сабий гъэсапIэхэм. ГъэсакIуэм лъэпкъ гулъытэ хэлъмэ, игъасэхэри ехъулIащ.
26 февраля, 2021 - 05:22
КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм офицеру къыхэкIыжахэм я «Мегапир» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ зэгъусэу иджыблагъэ къызэрагъэпэщащ терроризмэрэ экстремизмэрэ къэмыгъэхъунымкIэ щIэблэр гъэсэным иIэ мыхьэнэр зыхуэдэм щытепсэлъыхьа стIол хъурейр. Абы кърагъэблэгъащ Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал-майор, Афганистаным щызэуа, ЛIыхъужьхэм я Урысей зэгухьэныгъэм хэт Солуянов Александр.
19 февраля, 2021 - 05:25
Хъыбар гуапэ
Волгоград къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI-2020» къэралпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэр икIи абы къыхэжаныкIахэр ягъэпэжащ.
17 февраля, 2021 - 05:03
Сирием жылагъуэ-политикэ щытыкIэр нэхъри щызэщIоплъэ. Лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэм яку къыдэхута ди хэкуэгъухэр Урысеймрэ адыгэ республикэхэмрэ къолъэIу ядэIэпыкъуну.
12 февраля, 2021 - 05:40
Куэдым хуэунэтIащ
ТхакIуэ, усакIуэ, макъамэдж ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр 1926 гъэм Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Журналистхэр щагъэхьэзыр курсхэр къиуха нэужь, ХьэхъупащIэр Римский-Корсаковым и цIэр зэрихьэу Ленинград консерваторэ цIэрыIуэм къыщызэрагъэпэща Адыгэ студием щеджэну ягъакIуэ 1947 гъэм. ЕджапIэ нэужьым ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр лэжьащ КъБР-м и Къэрал филармонием, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу. Урысейм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и секретаруи щытащ.
12 февраля, 2021 - 05:35
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэу адыгэхэм я бжыгъэр цIыху мин 17-м щIигъуркъым. Ди лъэпкъэгъухэм нэхъыбэу уащрихьэлIэр Нью-Джерси, Калифорние щIыналъэхэрщ. Зыхэс лъэпкъыбэм сыт щыгъуи къахэщ адыгэхэр дапщэщи щапхъэу къахьу, я цIэр фIыкIэ къраIуэу, пщэрылъ къыщащIыр щыщIэныгъэ имыIэу зэрагъэзащIэм, IэнатIэу зыпэрагъэувэм гу къабзэ-псэ къабзэкIэ зэрыбгъэдэтым, сыт хуэдэ Iуэхури ныкъуэ зэрамыщIым къыхэкIыу пщIэ къыхуащIу мэпсэу. Америкэм ис адыгэхэм къахэкIащ егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, хабзэхъумэхэр, нэгъуэщI куэди.
10 февраля, 2021 - 15:20
ЩIы Iыхьэ хэхар щатха гупым къыхагъэкIыу
нэгъуэщI гупым хэгъэхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№4-ПП
2021 гъэм щIышылэм и 29-м Налшык къалэ
Страницы
|