Жылагъуэ

ТВ, Радио нэтынхэр

6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуа­ку хъыбархэр» (16+)
6.30 «Тхылъ телъхьэпIэм» (балъ­къэрыбзэкIэ) (12+)
7.00 «ТщIэн икIи тщымыгъупщэн папщIэ». Попадейкин Арсений (12+)

ХуэмыщIахэм зыщIагъакъуэ

COVID-19 уз бзаджэм и зэранкIэ щытыкIэ гугъум къихутауэ унэм дэтIысхьэжахэм, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм, зи ныбжьыр хэкIуэтахэм нэщI мазэм ирихьэлIэу зыщIагъэкъуащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм щыпсэу щIалэгъуалэм. Абыхэм зэхуахьэса мылъкумкIэ цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэну ерыскъыпхъэхэр къыхуащэхуащ.

Эверест 2 дэкIа Мэз Каринэ

Адыгэ бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ Мэз Каринэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм политикэмкIэ, спортымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ комиссэм хэтщ. Ар зэфIэкI, къару ин зыбгъэдэлъ, спортымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьэ бзылъхугъэщ. Кавказ Ищхъэ­рэм цIыхубзхэм ящыщу тIэунейрэ Эверест и щыгум дэкIауэ диIэр Каринэ и закъуэщ. Абы къыщымынэу Хан-Тенгри (6637 м), Килиманджарэ (5895 м), ­Ма­наслу (8156 м), Охос-дель-Саладэ ­(6893 м), нэ­гъуэщI щыгу мыцIыху куэдми и лъэр нихьэсащ Мэзым. Iуащхьэмахуэ и за­къуэ къапщтэмэ, 150-рэ дэ­кIуеящ.

Иналхьэблэ и щапхъэ

Егъэджэныгъэм къы­щагъэсэбэп иджырей Iэмалхэр утыку къыщрахьэ республикэ семинархэр мазитI ипэ курыт еджапIэхэм щекIуэкIащ. Апхуэдэу Къэрэгъэш къуажэм дэт 2-нэ курыт школым къы­щызэрагъэпэщащ ады­гэ­хэм я псэкупсэ лъа­пIэ­ны­гъэхэр, щэнхабзэ-тхы-дэ хъугъуэфIыгъуэхэр, адыгэ хабзэр гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ къызэрыщагъэсэбэпым, ахэр зи лъабжьэ цIыху хэтыкIэмрэ шыIэныгъэм­рэ ныбжьыщIэхэм зэрыбгъэдалъхьэм теухуа дерс зэIухахэр.

«Шэрджэс хэхэсхэр»

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм «Адыгэ хэхэсхэр: щэнхабзэ гъащIэм и теплъэгъуэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыщIэ къы­щыдэкIащ.

Амыкъуэ

А цIэр зэрехьэ хы ФIыцIэ Iуфэм къеуалIэ Сочэ, Шахэ, Бзыч псыхъуэхэм я къежьапIэхэр зэхэзыгуэшыкI шытхымрэ ар зэрызэхэт Iуащхьэхэм я нэхъ уардэмрэ (метр 1918-рэ и лъагагъщ).

УЗ ЗЭРЫЦІАЛЭМ ЗИМЫУБГЪУН ПАПЩІЭ

Бахъсэн щІыналъэм и Оперативнэ штабым къищта унафэм ипкъ иткІэ, абы хыхьэ Жанхъуэтекъуэ, Зеикъуэ, ХьэтІохъущыкъуей, ПсыкІэху, Къубэ-Тэбэ къуажэхэм коронавирус уз зэрыцІалэр къыщымыгъэхъуным икІи зыщемыгъэубгъуным теухуауэ къат куэду зэтет унэхэм я щІыхьэпІэ-щІэкІыпІэхэр, бжэкъухэр, дэкІуеипІэ убыдыпІэхэр, блынхэр ягъэкъабзэ, дезинфекцэ ящІ.

Iуащхьэмахуэ телъ мылыр мэткIу

«Европэм нэхъ лъагэ дыдэу щыIэ Iуащхьэм илъэс къэс фIокIуэд мы­лым и зы процент», - жеIэ КъБР-м и ВГИ-м и унафэщI Беккиев Мухътар. ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием географиемкIэ и институтым къызэритымкIэ, 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2017 гъэ пщIондэ Iуащхьэмахуэ телъ мылым и процент 20-р ткIуащ. Ар цIыхум къы­хуэмыгъэувыIэн Iуэху­гъуэщ икIи 2050 гъэхэм ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ зыгъэдахэ мылым и зэхуэдитIыр къэвыну хуагъэфащэ.

«ЛIыхъужьхэм я фэеплъ-2020»

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс
75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

Урысей Федерацэм 2020 гъэр щагъэуващ Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсу. Абы ехьэлIа дауэдапщэхэр къэралым щегъэкIуэкIыным хыхьэу къызэрагъэпэщащ «ЛIыхъужьхэм я фэеплъу» къэралпсо проектыр.

Сом мелуани 8-м щIигъу къуэды

Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гъатхэпэм и 14 - 20-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 13838-рэ къызэпаудащ. Хабзэр къызэпызыудахэм псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 8-рэ мин 292-м щIигъу.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ