|
Жылагъуэ
25 ноября, 2023 - 13:56
КъБР-м щыIэ МВД-м УУП-м я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ, балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм къулыкъу щызыщIэхэр Полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я IэнатIэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щы1ащ жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэм куэдрэ къалэныр щезыхьэкIауэ иджы зызыгъэпсэхухэм я деж.
25 ноября, 2023 - 11:48
Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Урысейм жэрдэм зыхуэмыдэхэр къыщыхалъхьэ.
25 ноября, 2023 - 10:44
Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №4-м «Урысейм и сабийхэр-2023» Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хыхьэу щекIуэкIащ «Абыхэм я гъуэгум уримыкIуэ! Уи гъащIэм хуэсакъ!» зыфIаща стIол хъурей.
25 ноября, 2023 - 08:47
Санкт-Петербург къалэм и «Экспофорум» гъэлъэгъуэныгъэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «ПЕТЕРФУД-2023» 32-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэр. ЕрыскъыхэкI зэмылIэужьыгъуэ куэд утыку къыщрахьа абы и лэжьыгъэм хэтащ икIи я продукцэхэр щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэу «Фрутопьяно» IуэхущIапIэр, «Эльбрус-К» IэфIыкIэ фабрикэр, хьэрычэт Iуэху щIэным хэт Мисиров Даниял сымэ.
24 ноября, 2023 - 13:31
Хэку зауэшхуэм ди зауэлI куэд хэкIуэдащ, абыхэм зэрахьа лIыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэхэмрэ щыхьэт тхылъхэмрэ къыIэщIалъхьэжыным нэмысу. Апхуэдиз илъэс бжыгъэ дэкIыжа нэужь ахэр хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм яIэрыгъэхьэжыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI Нэхущхэ Ахьмэдрэ Дианэрэ. Мы тхыгъэр зытеухуа Джыджий Хьэсэнбий Гун и къуэр ящыщщ ди къэралыр фашизмэм щыхъумэным зи псэр щIэзытахэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Фэеплъ тхылъым зэритымкIэ, Джыджийхэ я лъэпкъым къыхэкIыу Хэку зауэшхуэм кIуахэм ящыщу цIыхуийм къагъэзэжакъым.
24 ноября, 2023 - 12:27
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм щаухуэ амбулаторэщIэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу цIыху 90-м хуэдизым щеIэзэфынущ абы. Абы нэмыщI, махуэкIэ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъу, хущхъуэхэр щрахьэлIэу щIэлъынухэм папщIэ гъуэлъыпIэ 15 щIагъэувэнущ.
24 ноября, 2023 - 12:00
Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм республикэм щыпсэу цIыху 460-м мы илъэсым яритащ я узыншагъэр санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэувэжынымкIэ путёвкэхэр. Абы хуаутIыпщащ сом мелуани 9,5-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми щызрагъэIэзэ икIи профилактикэ щрагъэкIуэкI мыпхуэдэ узыфэхэр зыпкърытхэм: лъыр зэрызекIуэм, эндокриннэ системэм, зэрыбауэ органхэм, псантхуэхэм ехьэлIахэр, нэгъуэщIхэри.
Льготэ зиIэхэм Iэмал имыIэу ящIыгъун хуейхэри къыщеIэзэну щIыпIэм пщIэншэу макIуэ икIи къокIуэж.
24 ноября, 2023 - 10:55
ЛатиныбзэкIэ хьэцыбанэр «Rose» - щ. Пэжщ, ар розэм и лъэпкъэгъущ. Уеблэмэ, ботаникэм ехьэлIа языныкъуэ тхылъхэм хьэцыбанэм щхьэкIэ «розэ» жаIэу ятхауэ ущрихьэлIэнкIи хъунущ. Хьэцыбанэ лIэужьыгъуэу дунейм тетщ 400-м щхьэдэх. Урысейм къыщокI лIэужьыгъуи 100 хуэдиз. Абыхэм яхэтщ ди къэралым нэмыщI нэгъуэщI зыщIыпIи узыщримыхьэлIэхэри. Я инагъкIэ ахэр егъэлеяуэ куэду зэщхьэщокI. Языныкъуэ хьэцыбанэ лIэужьыгъуэхэр метри10 хуэдизкIэ докIей, сантиметритху хуэдизкIэ фIэкIа щIым зыкъытезымыIэтыкIи урихьэлIэнкIэ хъунущ. Хьэцыбанэр чыцэуи жыг лIэужьыгъуэуи щыIэщ.
24 ноября, 2023 - 10:44
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къыIэрыхьащ Налшык къалэм щыIэ «Нартыху» жыг хадэ зэгухьэныгъэм и унафэщIымрэ гупымрэ къабгъэдэкI тхыгъэ гуапэ. Абыхэм фIыщIэ хуащI Налшык къалэ УМВД-м и ОП №1-м и участковэ уполномоченнэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Нэзрэн Азэмэт, ар и IэщIагъэм зэрыхуэпэжым, цIыхугъэ зэрыхэлъым, и къалэнхэр хьэлэлу зэригъэзащIэм папщIэ.
24 ноября, 2023 - 10:00
Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие колледжым щрагъэкIуэкIащ урыс щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ ятеухуа зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Птица счастья» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ «Вече» урыс лъэпкъ щэнхабзэ центрымрэ.
Урыс щэнхабзэм хухаха махуэм хэтащ студентхэр, егъэджакIуэхэр, абы и къызэгъэпэщакIуэхэр.
«Птица счастья» зэгухьэныгъэм и унафэщI Бойкэ Наталье жиIащ щIалэгъуалэр зэрыщагъэгъуэзар урыс лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм, абыхэм тхыдэм щаIыгъ увыпIэм.
Страницы
|